Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Лукас 19:17 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

17 Пщым абы жриӀащ: «ФӀыуэ пщӀащ, си унэӀутыфӀ. Ӏуэху мащӀэмкӀэ сызыщыгугъ хъун цӀыхуу узэрыщытам щхьэкӀэ, къалипщӀ уэ пӀэщӀэслъхьэнущ».

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

17 «Дэгъуэщ, уунэӀутыфӀщ, – жиӀащ пщым. – Ӏуэху мащӀэ дзыхь зыхуащӀ хъун цӀыхуу укъызэрыщӀэкӀам щхьэкӀэ къалипщӀым я унафэщӀу узогъэув».

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Лукас 19:17
14 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

– Ӏуэху мащӀэкӀэ узыщыгугъ хъун цӀыхум Ӏуэху куэдкӀи ущыгугъ хъунущ, Ӏуэху мащӀэкӀэ узыщыгугъ мыхъун цӀыхум Ӏуэху куэдкӀи ущыгугъ хъунукъым.


– Тепщэм абы жриӀащ: «ФӀыуэ пщӀащ. Уэ сызыщыгугъ хъун уунэӀутыфӀщ! Ӏуэху мащӀэкӀэ сызыщыгугъ хъун цӀыхуу узэрыщытам щхьэкӀэ, Ӏуэху куэд ныпӀэщӀэслъхьэнущ. КъакӀуи, уи тепщэм и гуфӀэгъуэм къыхыхьэ».


А гугъуехьхэр щӀэфшэчыр фи фӀэщхъуныгъэр гъэунэхуа хъууэ, абы и щыпкъагъэр нахуэ хъун щхьэкӀэщ. Дыщэр зэрыдыщэр мафӀэкӀэ ягъэунэху пэтми, а дыщэр кӀуэдыжынущ. Фи фӀэщхъуныгъэр а дыщэм нэхърэ нэхъ лъапӀэщ. Хьисэ Мэссихь къыщыкӀуэжыну махуэм фи фӀэщхъуныгъэм и щыпкъагъэм щхьэкӀэ фӀыщӀи, щӀыхьи, лъытэныгъи къыфхуищӀынущ Тхьэм.


Аращи, игъуэ нэмысауэ, Зиусхьэнри къэмыкӀуэжауэ, Ӏуэху гуэрым хьэкум тевмыщӀыхь. КӀыфӀыгъэм щӀиуфар Зиусхьаным къигъэнэхуэнущ, цӀыхухэм я гум илъри нахуэ къищӀынущ. Тхьэм хэти хуэфащэ щӀыхьыр къритыжынущ абы щыгъуэ.


Арати, Исуф и тепщэр нэфӀкӀэ къызригъэплъащ, къулыкъу хуищӀэрт абы. ИкӀи ищӀащ тепщэм ар езым и унэм и тет, иӀэ псори абы и ӀэмыщӀэм ирилъхьащ.


ИтӀанэ япэрей мэлыхъуэ Мэссихьыр къыщылъагъуэкӀэ, текӀуэныгъэм и таж щӀыхьышхуэ зиӀэу мыкӀуэдыжынур къывитынущ.


Абы къыхэкӀкӀэ, Тхьэм къыхиха цӀыхухэм си фӀагъ езгъэкӀын щхьэкӀэ, шыӀэныгъэкӀэ гугъуехь псори сошэч. Апхуэдэу, Мэссихь Хьисэ я псэм зэрыщыщым папщӀэ ахэри мыкӀуэду къелынущ, мыкӀуэдыжын щӀыхьышхуэ яӀэ хъунущ.


Журт пэжу щытыр зигукӀэ журту щытыр арщ. Сунэт пэжу щытыр сунэту гум илъыр арщ. Ар къызыхэкӀыр тхар аракъым, атӀэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр арщ. Апхуэдэ цӀыхум и щӀыхьыр цӀыхум деж къикӀыркъым, атӀэ Тхьэм дежщ къыздикӀыр.


Си Тепщэныгъэшхуэр къыщыскӀэ, си Ӏэнэм фыбгъэдэсу фышхэнущ икӀи фефэнущ, Израил и унагъуэ лъэпкъ пщыкӀутӀым хьэкум ятефщӀыхьынуи тахътэхэм фытетӀысхьэнущ.


Япэрей унэӀутыр къакӀуэри, жиӀащ: «Зи щӀыхь ин, къызэпта минэмкӀэ хуэдипщӀ къэзлэжьащ».


ЕтӀуанэ унэӀутри къакӀуэри, жиӀащ: «Зи щӀыхь ин, къызэпта минэмкӀэ хуэдитху къэзлэжьащ».


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ