Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Лукас 19:13 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

13 Ежьэн и пэкӀэ, и унэӀутхэм ящыщ цӀыхуипщӀ къриджэщ, минэ зырыз яритри, яжриӀащ: «Къэзгъэзэжыху, мы ахъшэр вгъэбагъуэ».

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

13 Ауэ япэщӀыкӀэ и унэӀутхэм ящыщу пщӀыр ириджэщ, ахъшэ зыдэлъ бохъшэ зырыз къаритри, къажриӀащ: «Сыкъэтыху, ахъшэр Ӏуэху гуэрым хэфлъхьи, вгъэлажьэ».

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Лукас 19:13
15 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Сэ къысхуэлажьэр си ужь кърыреувэ. Къысхуэлажьэр сэ сыздэщыӀэми щыӀэнущ. Къысхуэлажьэм Адэ лъапӀэм щӀыхь хуищӀынущ.


Сэ, Симон Петр, мы тхылъыр сотх. Сэ Хьисэ Мэссихь сыхуолажьэ, абы сриапостолщ. Ди Тхьэуэ дыкъезыгъэлыр Хьисэ Мэссихьщ. Абы и захуагъэщ зыми пэпщӀ мыхъун фӀэщхъуныгъэ диӀэ зэрыхъуар, апхуэдэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуа цӀыхухэращ мы тхылъыр зыхуэстхыр.


Сэ сы-Екъубщ, Тхьэмрэ Зиусхьэну Хьисэ Мэссихьрэ сахуолажьэ. Фэ, дунейм хэгуэшауэ щыпсэу унагъуэ лъэпкъ пщыкӀутӀым, фӀэхъус фызох.


Иджы цӀыхухэм сыкъызэрадэным сыхэт, е Тхьэм сыкъызэридэныр ара сызыхэтыр? Е цӀыхухэм я гум сызэрырихьыныра сызыхэтыр? ЦӀыхухэм я гум сызэрырихьыным иджыри къэс сыхэтатэмэ, Мэссихь сыхуэлажьэу сыщытынтэкъым.


Талантитху зритар занщӀэу кӀуэри, лажьэурэ нэгъуэщӀ талантитху къилэжьащ.


Талантитху зритар тепщэм бгъэдыхьэщ, адрей талантитху къилэжьар иритри, жиӀащ: «Зи щӀыхь ин, талантитху къысӀэщӀэплъхьащ. Мис, абыхэмкӀэ нэгъуэщӀ талантитху къэзлэжьащ».


– ТалантитӀ зритар тепщэм бгъэдыхьэри, жиӀащ: «Зи щӀыхь ин, талантитӀ къысӀэщӀэплъхьащ. Мис, абыхэмкӀэ нэгъуэщӀ талантитӀ къэзлэжьащ».


– Зы талант зритами, тепщэм бгъэдыхьэри, жиӀащ: «Зи щӀыхь ин, узэрылӀы пхъашэр сщӀэрт, жылапхъэ зытумысам гъавэ къытыбохыж, зыхомыпхъами къыщызэхуохьэсыж.


Апхуэдэу щыхъум, Хьисэ жиӀащ: – Къэрал жыжьэ гуэрым кӀуэну мурад ищӀащ пщы гуэрым, езым и къэралым щхьэкӀэ а пащтыхьыгъуэр къиубыду къигъэзэжын гугъэр иӀэу.


Ауэ мы пщыр и къэралым ис цӀыхухэм фӀыуэ къалъагъуртэкъыми, «Мы лӀыр пащтыхь къытхуэхъуну дыхуейкъым», жрагъэӀэну, лӀыкӀуэхэр пщым и ужь иту а къэралым ягъэкӀуащ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ