Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Лукас 19:12 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

12 Апхуэдэу щыхъум, Хьисэ жиӀащ: – Къэрал жыжьэ гуэрым кӀуэну мурад ищӀащ пщы гуэрым, езым и къэралым щхьэкӀэ а пащтыхьыгъуэр къиубыду къигъэзэжын гугъэр иӀэу.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

12 Ауэ щыхъум, Хьисэ къригъэжьащ: – Пщы гуэр щӀыпӀэ жыжьэ ежьэну зигъэхьэзырат, езыр зи унафэ щӀэтым тепщэныгъэ къриӀыхыу къигъэзэжыну.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Лукас 19:12
18 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Хьисэ Мэссихь уафэм дэкӀуеяуэ Тхьэм и ижьырабгъумкӀэ бгъэдэтӀысхьауэ щысщ иджы, мелыӀычхэри, тепщэныгъэрэ лъэкӀыныгъэрэ зиӀэхэри къыхуэӀурыщӀэу.


Апхуэдэуи цӀыху куэдым я гуэныхьхэр ятрихыну Мэссихьи зэ къурмэныпхъэ зищӀащ. ИтӀани зэ къэлъэгъуэжынущ ар. ЦӀыхухэм я гуэныхьхэр ящхьэщихын щхьэкӀэкъым, абы щыгъуэ къыщӀэкӀуэжынур, атӀэ езыр къызэрыкӀуэжынум щыгугъыу пэплъэ цӀыхухэр мыкӀуэду къригъэлын щхьэкӀэщ.


– АтӀэ упащтыхь? – еупщӀащ Пилат Хьисэ. – Аращ, зэрыжыпӀэм хуэдэу, сэ сыпащтыхьщ, – жиӀащ Хьисэ. – Пэжщ, сэ сыкъыщӀэхъуари мы дунейм сыкъыщӀытехьари щыпкъагъэм щыхьэт сытехъуэн щхьэкӀэщ. Щыпкъагъэм и ужь ит дэтхэнэри си макъым къедэӀуэнущ.


Мы ущие хъыбарыр цӀыхухэм яхуиӀуатэу щӀидзащ Хьисэ итӀанэ: – ЛӀы гуэрым жызум хадэ игъэтӀысри, жызумгъэкӀ* гуэрхэм яӀэщӀилъхьащ. Абы и ужькӀэ а лӀыр хамэ къэрал гуэрым куэдрэ къэтыну кӀуащ.


ФыкъэдаӀуэ, уафэпшэхэм хэту къэкӀуэжынущ ар, нэ псоми ар ялъагъунущ, и джабэр бжыкӀэ зугъуэнахэми ар ялъагъунущ. Дунейм тет лъэпкъ псори абы щхьэкӀэ гъыурэ, я бгъэгухэм еуэжынущ. Аращ зэрыхъунур. Ӏэмин.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Мэссихь тепщэныгъэр иӀэн хуейщ, Тхьэм Мэссихь и бийхэр Мэссихь и лъэгу щӀигъэувэху.


сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм зы махуэ игъэуващ. Езым къигъэлъэгъуа лӀым дунейм и цӀыху псоми хьэкум захуэ ятригъэщӀыхьынущ а махуэм. Апхуэдэу зэрыхъунур Тхьэм цӀыху псоми ягуригъэӀуащ а лӀыр лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжурэ.


Тхьэм яхуелъэӀуурэ яхэкӀри, уафэм дэкӀуеижащ.


Зиусхьэн Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм епсэлъа нэужь, Тхьэм ар уафэм дрихьеижащ икӀи и ижьырабгъумкӀэ щысыну зыбгъэдигъэтӀысхьащ.


Хьисэ ущие хъыбархэмкӀэ цӀыхухэм епсалъэу щӀидзащ: – ЛӀы гуэрым жызум хадэ игъэтӀысащ. Мывэ сэрейкӀэ къищӀыхьщ, жызум пӀытӀалъэри ищӀри, бэтэгъей игъэуващ. ЖызумгъэкӀ гуэрхэм хадэр яӀэщӀилъхьэри, хамэ къэрал гуэрым кӀуащ езыр.


– ЖызумгъэкӀхэм хадэр зейм и къуэр щалъагъум, зым адрейм жриӀащ: «Жызум хадэр къызыхуэнэжынур мыращ. Ар дывгъэукӀи, хадэр дэ къытхуэнэнщ».


Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ябгъэдыхьэри яжриӀащ: – Уафэми щӀылъэми тепщэныгъэ псори щызиӀэу си ӀэмыщӀэ илъщ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ