23 Ар щызэхихым, адрейм игу щӀыхьащ, мылъкушхуэ иӀэти.
23 Хьисэ и псалъэр щызэхихым, унафэщӀым и гум щӀыхьащ ар, хуабжьу къулейти.
Мы дуней хьэхури мы дуней хьэхум и Ӏуэхугъуэхэри фӀыуэ фымылъагъу. Мы дунейр фӀыуэ зылъагъу цӀыхум и гум Адэ лъапӀэм и фӀылъагъуныгъэр илъкъым.
– Ефэ-ешхэнымкӀи, удэфэнымкӀи, мы дунейм и гугъуехьхэмкӀи фи щхьэр зэрызэӀывмыгъэхьэнми фыхуэсакъ. Ар мыхъумэ, а махуэр фымыщӀэххэу къыфепсыхэнущ.
ИтӀанэ цӀыхухэм яжриӀащ: – Фысакъ! Фымынэпсей, цӀыхум сыт хуэдиз мылъку иӀэми, абы и гъащӀэм къыпищэркъыми.
НэгъуэщӀ цӀыху гупыр банэхэм яхэлъэлъа жылэм хуэдэщ. Ахэрщ Тхьэм и псалъэхэр зэхэзыххэр, ауэ мы дунейм щызекӀуэ гугъуехьхэмкӀи, беягъэмкӀи, гъащӀэм и тхъэгъуэхэмкӀи хуэм-хуэмурэ зрагъэтхьэлэ. Абыхэми фӀыгъуэ къапыкӀыркъым.
Хьисэ ар щыжиӀэм, лӀым и нэгур къызэхэуэри, игу хэщӀауэ ӀукӀыжащ, мылъкушхуэ иӀэти.
Ар щызэхихым, игу ныкъуэу, щӀалэр ӀукӀыжащ, мылъкушхуэ иӀэти.
Аращи, фи щэныжь бзаджэм и Ӏуэхухэр вгъэкӀуэд: Зинэ щӀэнри, гуфӀеягъи, хъуэпсэныгъэ мыхъумыщӀэхэри, хъуэпсэныгъэ Ӏейхэри, нэпсеягъэри – нэпсеягъэр тхьэ нэпцӀыр бгъэлъэпӀэным хуэдэщ.
Пэжщ, Ӏуэху псоми пщӀэ ямыӀэжу солъытэ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ си Зиусхьэн Мэссихь Хьисэ зыхуэдэр зэзгъэщӀэныр Ӏуэхуу щыӀэ псом нэхъри нэхъыфӀщ. Абы сыхуэлэжьэн щхьэкӀэ, псори хэзнащ, Ӏуэху псоми пщӀэ ямыӀэжу солъытэ, Мэссихь си ӀыхьэфӀ хъун
Мы Ӏуэхур зэвгъащӀэ: Зинэ зыщӀэ цӀыхум, е зи гур мыкъабзэм, е нэпсейм – апхуэдэ цӀыхум тхьэ нэпцӀ егъэлъапӀэ, – апхуэдэм Мэссихьрэ Тхьэмрэ я тепщэныгъэшхуэмкӀэ Ӏыхьэ къылъысынукъым.
Закхей къэтэджри, Зиусхьэн Хьисэ къыжриӀащ: – Зиусхьэн! Мис, си мылъкум и ныкъуэр тхьэмыщкӀэхэм яхуэзгуэшынущ. ЦӀыху гуэр къэзгъэпцӀаӀамэ, хуэдиплӀ естыжынущ.
Ар щызэхихым, Хьисэ абы жриӀащ: – Иджыри зы уи щыщӀагъэщ. УиӀэ псори щэжи, ахъшэр тхьэмыщкӀэхэм яхуэгуэш. Уафэм мылъкушхуэ ущиӀэ хъунущ абы щыгъуэ. Си ужь къиувэ итӀанэ.
Игу зэрыщӀыхьар щилъагъум, Хьисэ жиӀащ: – Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀыхьэныр икъукӀэ гугъущ мылъкушхуэ зиӀэхэм я дежкӀэ.