Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Лукас 18:14 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

14 – Сэ нывжызоӀэ, япэ лӀым хуэмыдэу, мы лӀыр Тхьэм дежкӀэ щыпкъагъэ игу илъу унэм кӀуэжащ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зи щхьэ зыгъэин дэтхэнэри Тхьэм игъэлъэхъшэнущ, зи щхьэр зыгъэлъахъшэр Тхьэм игъэинынущ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

14 НывжызоӀэ, фарисейракъым Тхьэм игъэхеижауэ Тхьэм и Унэм къыщӀэкӀыжар, атӀэ тезыр ахъшэ къыхэзыхыращ. Сыту жыпӀэмэ зызыгъэлъагэм и пщӀэр ехуэхынущ, зызыгъэлъахъшэм и пщӀэр Тхьэм иӀэтынущ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Лукас 18:14
39 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

зи щхьэ зыгъэин дэтхэнэри Тхьэм игъэлъэхъшэнущ, зи щхьэр зыгъэлъахъшэр Тхьэм игъэинынущи.


Хьисэ абыхэм яжриӀащ: – Фэ цӀыхухэм я пащхьэм щыпкъагъэ фигу илъ хуэдэу фэ зыщытывогъауэ, ауэ фэ фи гум илъыр Тхьэм ещӀэ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыхухэм ягъэлъапӀэ Ӏуэхугъуэхэр Тхьэм дежкӀэ пуд дыдэщ.


Тхьэм и пащхьэм зыщывгъэлъахъши, езым фыкъиӀэтынущ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зи щхьэ зыгъэин дэтхэнэри Тхьэм игъэлъэхъшэнущ, ауэ зи щхьэ зыгъэлъахъщэ дэтхэнэри Тхьэм игъэинынущи.


Ауэ ди гум илъым нэхърэ Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэр нэхъ инщ. Аращи, Тхьэм и псалъэу тхахэм мыпхуэдэу хэтщ: «Тхьэр поув пагагъэ зи гум илъ цӀыхум, и нэфӀ щохуэ пагагъэ зи гум имылъым».


Тепщэныгъэ зиӀэхэр я тахътэхэм къридзыхащ, зи гум пагагъэ имылъхэр къиӀэтащ.


СфӀэгъэщӀэгъуэн дыдэщ Уэ зэхэщӀыкӀыу къысхууиӀэр – куущ, сылъэӀэсын слъэкӀыркъым.


– Гъуэгу махуэ теуващ гурэ псэкӀэ тхьэмыщкӀэхэр, ахэр Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀэтщи.


Ауэ дэ дыжуртми, мыр дощӀэ: ЦӀыху гуэрым Торэт хабзэм итхэр зэригъэзащӀэм щхьэкӀэ Тхьэм абы щыпкъагъэ иӀэу илъытэнукъым, атӀэ Хьисэ МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ зэриӀэм щхьэкӀэщ щыпкъагъэ иӀэу щӀилъытэр. Аращи, дэри МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ диӀэ хъуащ, МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ диӀэ зэрыхъуам щхьэкӀэ Тхьэм щыпкъагъэ диӀэу дилъытэн папщӀэ. Торэт хабзэм итхэр дгъэзэщӀэным и Ӏуэху абы хэлъкъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ, цӀыху гуэрым Торэт хабзэм итхэр зэригъэзащӀэм щхьэкӀэ Тхьэм а цӀыхум щыпкъагъэ иӀэу илъытэнукъыми.


ФӀыщӀагъэхэм ящымыгугъ цӀыхуу ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэм и Ӏуэхур зытетыр мыращ: Гуэныхь зыщӀа цӀыхухэм щыпкъагъэ яӀэу илъытэн зылъэкӀ ТхьэмкӀэ а цӀыхум фӀэщхъуныгъэ зэриӀэм щхьэкӀэ, Тхьэм абы щыпкъагъэ иӀэу илъытэнущ.


сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Торэт хабзэм итхэр зэригъэзащӀэм папщӀэ Тхьэм дежкӀэ щыпкъагъэ иӀэ хъунукъым цӀыхум. Торэт хабзэращ гуэныхь зэрыдлэжьар къыдэзыгъэщӀэжыр.


Торэт егъэджакӀуэ пашэм зигъэхеину хуеяти, Хьисэ къыжриӀащ: – АтӀэ, хэт сэ си гъунэгъур?


Хэт зыгъэкъуэншэн зылъэкӀынур Тхьэм къыхиха цӀыхухэр? Тхьэращ абыхэм щыпкъагъэ яӀэу зылъытэр.


Аращи, фӀэщхъуныгъэ зэрыдиӀэм щхьэкӀэ Тхьэм щыпкъагъэ диӀэу делъытэ. Апхуэдэу зэрыщытым щхьэкӀэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь къыпкъырыкӀэу Тхьэм декӀужауэ щытщ.


Езыращ лъагъуныгъэ мыкӀуэдыж къысхуэзыщӀыр, быдапӀэу икӀи хъумапӀэу сиӀэр, сыхэзышыжыр, мэӀу къысхуэхъур, щхьэегъэзыпӀэу сиӀэр; цӀыху лъэпкъхэр схуэӀурыщӀэну Абы си Ӏэ кърелъхьэ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ