Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Лукас 17:26 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

26 – Нухь бегъымбарым и махуэхэм Ӏуэхухэр зэрыщытам хуэдэу, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр дунейм къыщыкӀуэжынум и пэ къихуэ махуэхэм Ӏуэхухэр абы тетынущ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

26 ЦӀыхум и Къуэм и къэгъэзэжыгъуэм и пэ къихуэу дунейм и щытыкӀэнур Нухь и зэманым дунейм и щытыкӀам ещхьыркъабзэу щытынущ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Лукас 17:26
16 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Ижь зэманми Тхьэр дунейм къыщысхьауэ щытакъым, Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зи гум имылъ цӀыхухэм я дунейм псыдзэшхуэр къыщыщӀигъауэм. Нухь бегъымбарым щыпкъагъэм и гъуэгум и хъыбарыр иӀуатэу зэрыщытам щхьэкӀэ, цӀыхуибл и гъусэу Тхьэм ар мыкӀуэду къригъэлащ.


сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зы уафэ гъунэм къыщыщӀэдзауэ адрей гъунэм нэсыху уафэхъуэпскӀым дунейр зэригъэнэхум хуэдэу, къыщыкӀуэжыну махуэм деж ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр къэлъэгъуэжынущ.


ЦӀыхухэм ямылъэгъуа къэкӀуэну Ӏуэхухэм теухуауэ Тхьэм Нухь хъыбар къыщригъащӀэм, Нухь фӀэщхъуныгъэ зэриӀам щхьэкӀэ, Тхьэм щышынэри, и унагъуэр мыкӀуэду къригъэлын щхьэкӀэ, кхъухь ищӀащ. Нухь иӀа фӀэщхъуныгъэмкӀэ дунейм и цӀыхухэм я къуаншагъэр нахуэ яхуищӀащ. ФӀэщхъуныгъэ зэриӀам щхьэкӀэ Тхьэм абы щыпкъагъэ иӀэу зэрилъытар и ӀыхьэфӀ хъуащ.


Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм яжриӀащ итӀанэ: – ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм и махуэхэм щыщу зы махуэ закъуэ нэхъ мыхъуми флъагъуну фыщыхуей зэман къэунэхунущ, ауэ фэ флъагъунукъым.


Псыр Тхьэм пасэрей дунейм къыщӀигъауэри, игъэкӀуэдыгъащ.


Къилъэгъуащ Зиусхьэным щӀылъэм тет цӀыхухэм я бзаджагъэр зэрыин дыдэр; абыхэм я гум илъхэри я мурадхэри сыт щыгъуэ зэманми зэрыӀейр.


ЖиӀащ Зиусхьэным: – ТезгъэкӀуэдыкӀынщ щӀылъэм Сэ къэзгъэщӀа цӀыхухэр, хьэкӀэкхъуэкӀэхэри, Ӏэщхэри, хьэпщхупщхэри, уэгум щызелъатэхэри згъэкӀуэдынщ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Сэ сыхущӀегъуэжащ ахэр къызэрызгъэщӀам.


Сэ нывжызоӀэ, яхуэфащэр псынщӀэу ялъигъэсынущ. Ауэ ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр мы дунейм къыщыкӀуэжкӀэ, фӀэщхъуныгъэ зиӀэ щигъуэтыну?


Ауэ Зиусхьэныр нэфӀкӀэ къеплъащ Нухь.


– Фщыщ гуэрым унэӀуту иӀэр вэуэ е мэлхэр игъэхъуу жытӀэнщ. А унэӀутыр губгъуэм къыщикӀыжкӀэ, «ПсынщӀэу къакӀуи, Ӏэнэм къыбгъэдэтӀысхьэ», жриӀэну пӀэрэ абы?


ЦӀыхухэр шхэрт, икӀи ефэрт, къашэрт икӀи дэкӀуэрт абы щыгъуэ, Нухь кхъухьым щитӀысхьэну махуэм нэсыху. ИтӀанэ псыдзэр къащӀэуэри, абы псори хэкӀуэдащ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ