Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Лукас 16:23 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

23 А лӀы бейм, лӀахэм я лъахэм хьэзэб щытелъу и нэхэр къиӀэтри, Ибрэхьим жыжьэу къилъэгъуащ, Лазари бгъэдэсу.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

23 Къулеижьри лӀэри щӀалъхьэжащ. Жыхьэнмэм щыӀэу и псэм хьэзабыр телъу, и нэр иӀэтщ, дэплъейри, жыжьэу Ибрэхьим илъэгъуащ, Лазыри абы бгъэдэсу.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Лукас 16:23
26 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Тхьэр гуэныхь зыщӀа мелыӀычхэм ящысхьакъым, атӀэ Ӏэхъулъэхъухэр ярилъхьэри, цӀыхухэм я хьэкумыр щатрищӀыхьыну къемэтмахуэм нэсыху жыхьэнмэм и кӀыфӀыгъэм хэтыну ятрилъхьащ.


сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ къуэшитху сиӀэщ. Мы гугъуехь шэчыпӀэм ахэри къэмыкӀуэн щхьэкӀэ, зыхуэсакъыжыну ягурырегъаӀуэ».


– Фэ, блэхэ! Фэ, блэ щылъхухэ! Жыхьэнмэр унапӀэ фхуищӀащ Тхьэм, абы дауэ фыӀэщӀэкӀын?


Апхуэдэ дыдэу, уи нэми гуэныхь пщӀэну удригъэхьэхмэ, къитхъыжи, хыфӀэдзэ. Уи нитӀыр уиӀэу, жыхьэнмэм и мафӀэм ухадзэ нэхърэ, зы нэ лъэныкъуэм фӀэкӀа уимыӀэми, мыкӀуэдыжын гъащӀэ бгъуэтыныр уэркӀэ нэхъыфӀщ.


Хьэкуму ятрищӀыхьамкӀэ Зиусхьэным Езыр зыхуэдэр яригъэщӀащ; цӀыху бзаджэр езым и ӀитӀкӀэ илэжьам текӀуэдэжащ.


Ахэр зыгъэпцӀа шейтӀаныр мафӀэмрэ тхъуэбзащхъуэмкӀэ ис хым хадзащ. А хым хьэщхьэвылъэри бегъымбар нэпцӀри хадзэгъащ. А хым жэщи махуи гугъуехьышхуэ щашэчынущ абыхэм игъащӀэкӀэ.


Хьисэ щилъагъум, и лъабжьэм зыщӀидзэри, макъышхуэкӀэ къэгуоурэ жиӀащ абы: – Хьисэ, Тхьэуэ Лъагэм и Къуэ, уи Ӏуэхуу сыт къысхэлъыр? СынолъэӀу, гугъу сумыгъэхь!


Аращи, гуэныхь пщӀэну удригъэхьэхмэ, уи нэ ижьыр къитхъыжи, хыфӀэдзэ. Уэ уипкъ псори жыхьэнмэм хадзэ нэхърэ, уи Ӏэпкълъэпкъым щыщ зы пфӀэкӀуэдмэ, уи дежкӀэ нэхъыфӀщ.


Ауэ сэ нывжызоӀэ, и къуэшым хуэгубжь дэтхэнэри хеящӀэм и пащхьэм ирашэнущ. И къуэшым «Уэ уи щхьэр нэщӀщ!» жезыӀэр Тхьэмадэ Хасэшхуэм и пащхьэм ирашэнущ. И къуэшым «Уэ уакъылыншэщ!» жезыӀэр жыхьэнмэ мафӀэм хыхьэнущ.


«Уэ, лӀэныгъэ, уи шэрэзым и къарур дэнэ щыӀэ? Уэ, жыхьэнмэ, уи текӀуэныгъэр дэнэ щыӀэ?»


Уэ, Капернаум къалэ, уафэм удэкӀуеину? Хьэуэ, жыхьэнмэм и кууупӀэм нэсыху укӀуэцӀрыхунущ, уи деж щызлэжьа Ӏуэхушхуэхэр Содом къалэм щызлэжьатэмэ, ар иджыри къэс щытынути.


– Тхьэм и Къуэ, сыт уи Ӏуэхуу къытхэлъыр? ПӀалъэр къэмыс щӀыкӀэ, гугъу дебгъэхьыну укъэкӀуа? – жаӀэурэ къэгуоуащ ахэр.


Къин щыплъагъу махуэм къызэджэ, укъыхэсшынщ, уэри щӀыхь къысхуэпщӀынщ».


Абыхэм ягухэр гущӀэгъу щӀыным хузэхуэщӀащ, жьэхъуу мэпсалъэ ахэр.


Ар щилъагъум, джащ: «Ди адэ Ибрэхьим, гущӀэгъу къысхуэщӀ, Лазар къысхуэгъакӀуи, абы и Ӏэпэр псым хищӀэм, си бзэгум къытрилъхьэурэ ирегъэупщӀыӀу, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ мы мафӀэм сыхэтщи, хьэзаб стелъщ».


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ