Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Лукас 16:19 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

19 – ЛӀы бей гуэр щыӀащ. Щыгъыным я нэхъ лъапӀэмкӀэ зихуапэрт абы, махуэ къэси ефэ-ешхэшхуэ ищӀырт.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

19 – Къулеижь гуэр псэурт, – къыпищащ Хьисэ. – Абы зыкърихыу зихуапэрт, махуэ къэс ефэу, ешхэу, и нэгу зригъэужьу псэурт.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Лукас 16:19
23 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

«Уэ, къалэшхуэ, цӀыхубзым хуэдэу, чэсей пӀащӀэри, щэкӀ плъыжьыбзэри, щэкӀ плъыжь-фӀыцӀафэри пщыгъыу, дыщэмкӀи, мывэ лъапӀэхэмкӀи, налкъутналмэсхэмкӀи зыбгъэщӀэрэщӀащ, гъуэгу мыгъуэ утеуващ, гъуэгу мыгъуэ утеуващ.


ЩӀыхьышхуэрэ беягъэшхуэрэ езым зэрызыхуигъэфэщам хуэдэу, гугъуехь шэчыныгъэрэ гукъеуэрэ евгъэгъуэтыж. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ игукӀэ мыпхуэдэу жеӀэ: „Сэ пащтыхь цӀыхубзу мыбдеж сыщысщ. Сэ сыфызабэкъым икӀи сыщыгъуэну зэи къысхуихуэнукъым“.


ЦӀыхубзыр зэрыхуэпар щыгъын плъыжьыбзэрэ плъыжь фӀыцӀафэрэт. ДыщэкӀи, мывэ лъапӀэхэмкӀи, налкъутналмэсхэмкӀи гъэщӀэрэщӀат ар. Дыщэм къыхэщӀыкӀауэ фалъи иӀыгът гущыкӀыгъуэмрэ и зинэм и фӀеймрэ ярызу.


– ЛӀы бей гуэрым унэзехьэ гуэр иӀащ, – яжриӀащ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм. – «Мы лӀым уи мылъкур пфӀегъэкӀуэд», жраӀащ цӀыхухэм лӀы бейм.


Абэ плъыжь-фӀыцӀафэ кӀыхь щатӀагъэщ, пыжь банэм къыхэщӀыкӀауэ пащтыхь таж хуащӀри, Хьисэ щхьэратӀэгъащ.


– Зыкъом дэкӀа нэужь, къуэ нэхъыщӀэм иӀэ псори зэщӀикъуэри, хамэ къэрал гуэрым кӀуащ. И мылъкур а къэралъым щхьэпсыншагъэкӀэ щигъэкӀуэдащ.


ЩыдыхьэшхынкӀэ ирикъуа нэужь, абэ плъыжь-фӀыцӀафэр Хьисэ къыщахыжри, езым и щыгъынхэр щатӀэгъэжащ. Жорым ираӀулӀын щхьэкӀэ преторием къыщӀашыжащ итӀанэ.


– И фызыр изыгъэкӀыжу, нэгъуэщӀ цӀыхубз къэзышэж дэтхэнэми зинэ ищӀауэ мэхъу. Апхуэдэу, лӀы гуэрым иригъэкӀыжа фызыр къэзышэжми зинэ ищӀауэ мэхъу.


ЛӀы бейм и куэбжэм деж лӀы тхьэмыщкӀэ гуэр, Лазар зи цӀэр, и щӀыфэр бэгум зэщӀищтауэ щылът.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ