Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Лукас 16:16 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

16 – Мусэ бегъымбарым и Торэт хабзэм итхэмрэ бегъымбархэм ятхахэм итхэмрэ Тхьэм хуэлажьэ цӀыхухэм адрей цӀыхухэр ирагъэдаӀуэу щытащ, умэхъакӀуэ Иуан и махуэхэм нэсыху. Абы къыщыщӀэдзауэ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм теухуа хъыбарыфӀыр цӀыхухэм хуаӀуатэ икӀи хэти а Тепщэныгъэшхуэм щӀыхьэну пӀэщӀэгъуэкӀэ щӀокъу.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

16 – Теурэтымрэ бегъымбархэм я тхылъхэмрэщ щыӀар, Яхья къэкӀуэху. Иджы Тхьэм и Тепщэныгъэм и хъыбарыр яӀуатэу щӀадзащ икӀи абы и жьауэм щӀэувэну хэти хуабжьу щӀокъу.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Лукас 16:16
21 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ щыпкъагъэм и гъуэгу фытригъэхьэн щхьэкӀэщ Иуан къыщӀэкӀуар, ауэ фэ абы дзыхь хуэфщӀакъым, хьэкътын ахъшэр хэзыххэмрэ псэжьхэмрэ Иуан жиӀар я фӀэщ хъуащ. Ар я фӀэщ зэрыхъуар флъэгъуа пэтми, фэ фыщӀегъуэжакъым икӀи Иуан дзыхь хуэфщӀакъым.


Филипп кӀуэщ, Нафанаил къигъуэтри, жриӀащ: – Торэт хабзэм иту Мусэ бегъымбарми адрей бегъымбархэми зи гугъу ящӀар къэдгъуэтащ. Ар Исуф и къуэу Назарет къалэм щыщ Хьисэр аращ.


– «Мусэ бегъымбарымрэ адрей бегъымбархэмрэ емыдаӀуэмэ, лӀахэм зыгуэр къахэтэджыкӀыжми, я фӀэщ хъунукъым», къыжриӀащ Ибрэхьим.


умэхъакӀуэ Иуан жиӀэрт: – Фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэж, Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр къэблэгъащи.


Тхьэм бегъымбар псоми я гум кърилъхьэри, къажригъэӀащ езым и Мэссихь гугъуехь куэд ишэчын хуейуэ зэрыщытыр, Тхьэм зэриухам хуэдэуи хъуащ.


– «Абыхэм Мусэ бегъымбарым итхахэмрэ адрей бегъымбархэм ятхахэмрэ яӀэщ, а тыгъэхэм ирырегъуазэ», къыжриӀащ Ибрэхьим лӀы бейм.


«Фэ фи къалэм и сабэу ди лъакъуэхэм къакӀэрыпщӀар фхукӀэрыдогъэщэщыж; апхуэдэу щыт пэтми, зэвгъащӀэ Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр къызэрыблэгъар».


Сымаджэхэр абдежым щывгъэхъуж, мыпхуэдэуи яжефӀэ: «Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр гъунэгъу къыфхуэхъуащ».


А зэманым къыщыщӀэдзауэ Хьисэ Тхьэм и псалъэхэм цӀыхухэр иригъэдаӀуэ хъуащ: – Фи гуэныхьхэм фыхущӀегъуэж, Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр къэблэгъащи.


ЦӀыхухэр Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм теухуа хъыбарыфӀым ирагъэдэӀуэну, сымаджэхэр ягъэхъужыну иригъэжьащ.


ЦӀыхухэр зыумэхъ Иуан лъэхъуэщым щӀадза нэужь, Галилей хэкум кӀуэри, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм теухуа хъыбарыфӀыр цӀыхухэм яхуиӀуатэу щӀидзащ Хьисэ:


ФыкӀуи, «Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр къэблэгъащ», жыфӀи хъыбар евгъащӀэ.


Ар щалъагъум, фарисейхэм жаӀащ: – Абы зыри ефщӀэну зэрыфлъэмыкӀыр фолъагъу. Дунейм и цӀыху псори абы и ужь йоувэ.


Абы зыри едмыщӀэу апхуэдэу къэдгъанэмэ, цӀыху псоми абыкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъунущ. Рим къэралыгъуэшхуэм щыщу мы къэралыр зыӀэщӀэлъхэр къэкӀуэнурэ Тхьэм и унэшхуэри ттрахынущ, ди лъэпкъри ягъэкӀуэдынущ.


Ауэ а лӀыр ежьэри, къэхъуа псори жиӀэжурэ, зэрыхъужа щӀыкӀэм и хъыбарыр цӀыхухэм яхуиӀуэтэжащ. Абы къыхэкӀкӀэ, цӀыхухэм къалъагъуу Хьисэ къалэ гуэри дыхьэ хъунутэкъым, щӀыпӀэ пхыдзахэм щыӀэт. Ауэ дэни къикӀыурэ, цӀыхухэр абы деж къакӀуэрт.


Галилей хэкур зэрыщыту къызэхикӀухьурэ, Хьисэ Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм синэгуэгухэм щаригъащӀэрт, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм теухуа хъыбарыфӀым ахэр щригъэдаӀуэрт, дэтхэнэ сымаджагъэрэ узрэ зиӀэри игъэхъужырт.


ЦӀыхур мыкъабзэ зыщӀыр и жьэм къыжьэдыхьэр аракъым, атӀэ жьэм къыжьэдэкӀырщ.


сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Зиусхьэным и мелыӀычыр а зыгъэпскӀыпӀэм зэзэмызэ къехырти, псыр игъэщэнауэрт. Псыр щэнэуа нэужь, абы япэу хыхьар, сыт хуэдэ узыфэ иӀэми, хъужырт.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ