Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Лукас 16:15 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

15 Хьисэ абыхэм яжриӀащ: – Фэ цӀыхухэм я пащхьэм щыпкъагъэ фигу илъ хуэдэу фэ зыщытывогъауэ, ауэ фэ фи гум илъыр Тхьэм ещӀэ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыхухэм ягъэлъапӀэ Ӏуэхугъуэхэр Тхьэм дежкӀэ пуд дыдэщ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

15 Ауэ Хьисэ абыхэм яжриӀащ: – ЦӀыху щыпкъэу адрейхэм закъыщывгъэхъу щхьэкӀэ, фи гум илъыр Тхьэм ещӀэ. ЦӀыхухэм пщӀэ зыхуащӀ Ӏуэхугъуэхэр Тхьэм дежкӀэ гущыкӀыгъуэщ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Лукас 16:15
40 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Аращи, игъуэ нэмысауэ, Зиусхьэнри къэмыкӀуэжауэ, Ӏуэху гуэрым хьэкум тевмыщӀыхь. КӀыфӀыгъэм щӀиуфар Зиусхьаным къигъэнэхуэнущ, цӀыхухэм я гум илъри нахуэ къищӀынущ. Тхьэм хэти хуэфащэ щӀыхьыр къритыжынущ абы щыгъуэ.


Езы Тхьэуэ цӀыхухэм я гум илъыр зыщӀэм и Псэ ЛъапӀэр дэ къызэрытхуригъэхам хуэдэу, хамэ лъэпкъ щыщхэми къахуригъэхыурэ, ахэри зэрищтэр къигъэлъэгъуащ.


атӀэ цӀыхухэм ямылъагъуу фи гум илъу, гущабагъэмрэ гузэгъэгъуэмрэ къыхэкӀ дахагъэ мыкӀуэдыжырауэ ирехъу дахэ фызыщӀыр. Тхьэм дежкӀэ абы уасэшхуэ иӀэщ.


– Фэ, фарисейхэм, фи фалъэхэмрэ фи лагъэхэмрэ я щӀыфэр фогъэкъабзэ, – жриӀащ Зиусхьэным абы, – ауэ нэпсеягъэрэ бзаджагъэрэ фӀэкӀа, зыри фкӀуэцӀылъкъым.


Торэт егъэджакӀуэ пашэм зигъэхеину хуеяти, Хьисэ къыжриӀащ: – АтӀэ, хэт сэ си гъунэгъур?


Абы и бынхэри згъэлӀэнущ. ЦӀыхухэм я гум илъри я гупсысэхэри зыгъэунэхур сызэрыарар члисэ зэхуэс псоми къагурыӀуэнущ итӀанэ. Фэ фщыщ дэтхэнэми илэжьа Ӏуэхухэм яхуэфащэр естыжынущ.


Фэ, ныбжьыщӀэхэри, нэхъыжьхэм фахуэӀурыщӀэ. Пагагъэ фи гум имылъу фызэхущыт, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ «Тхьэр поув пагагъэ зи гум илъ цӀыхум, и нэфӀ щохуэ пагагъэ зи гу имылъым».


сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Торэт хабзэм итхэр зэригъэзащӀэм папщӀэ Тхьэм дежкӀэ щыпкъагъэ иӀэ хъунукъым цӀыхум. Торэт хабзэращ гуэныхь зэрыдлэжьар къыдэзыгъэщӀэжыр.


ЦӀыхум теухуауэ зыгуэр зэригъэщӀэн щхьэкӀэ цӀыху гуэр щыхьэт къытехъуэну Хьисэ хуэныкъуэтэкъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыхухэм ягу илъыр езым ищӀэрти.


– Абыхэм я ӀуэхуфӀ псори цӀыхухэм ирагъэлъагъун щхьэкӀэщ щӀащӀэр. Абыхэм я нэмэз пхъуантэ цӀыкӀуэхэр нэхъ ин, я фащэ кӀыхьхэм я къуакӀэр нэхъ кӀыхь ящӀ.


– Си щӀалэгъуэм къыщыщӀэдзауэ согъэзащӀэ а псори, – жиӀащ адрейм.


Фарисейр абдежым здэщытым, Тхьэм мыпхуэдэу елъэӀурт игукӀэ: «Адрей цӀыху хъунщӀакӀуэхэми, бзаджащӀэхэми, зинэ зыщӀэхэми, мобдеж щыт хьэкътын ахъшэр хэзыхми яхуэдэу сызэрыщымытым щхьэкӀэ, фӀыщӀэ пхузощӀ, си Тхьэ.


Зиусхьэным цӀыху лъэпкъхэм хьэкум ятрещӀыхь. Зиусхьэн, си щыпкъагъэрэ си къабзагъэкӀэ къыстещӀыхь хьэкум.


ЩӀэпхъаджагъэу ищӀам пэкӀуэу ирата пщӀэмкӀэ Иудэ щӀыгу къищэхуащ. А щӀыгум бгъэгукӀэ техуэщ, и ныбэр зэгуэудри, и кӀуэцӀыр зэрыщыту къиуащ.


Фызабэхэм я унэхэр къытрах. ЦӀыхухэм зыщагъэтхъун щхьэкӀэ, я тхьэлъэӀухэр кӀыхь ящӀ. Ахэр хуабжьу игъэпшынэнущ Тхьэм.


Арати, торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ дин пашэшхуэхэмрэ Хьисэ кӀэлъызеплъэ зэпытт, икӀи ӀулъхьэкӀэ ящэхуауэ, щыпкъагъэ ягу илъ хуэдэу фэ зытезыгъауэ цӀыху фэрыщӀ гуп хуагъэкӀуащ абы. Хэкум ипщу тепщэныгъэ зиӀэм ӀэщӀагъэхуэн щхьэкӀэ, Хьисэ псалъэ гуэркӀэ къаубыдэну гугъэрт.


– ФынэщӀын щыхъукӀэ, цӀыху фэрыщӀхэм ещхьу нэщхъеифэ зытевмыгъауэ; зэрынэщӀыр цӀыхухэм ирагъэлъагъун щхьэкӀэ, абыхэм я нэщхъыр зэхалъхьэ. Пэжыр нывжызоӀэ, абыхэм я Ӏыхьэр ягъуэтакӀэщ.


– Тхьэм фыщелъэӀукӀэ, бзитӀщхьитӀхэм зэращӀым хуэдэу фымыщӀ. ЦӀыхухэм зыкърагъэлъагъун щхьэкӀэ, Тхьэм елъэӀуурэ, синэгуэгухэми уэрамыщхьэхэми зыщаӀэжьэну яфӀэфӀщ абыхэм. Пэжыр нывжызоӀэ, абыхэм я Ӏыхьэр ягъуэтакӀэщ.


– Аращи, псапэ тыхь щыпткӀэ, цӀыхухэм хъыбар йомыгъащӀэ, синэгуэгухэм щӀэс икӀи уэрамхэм тет бзитӀщхьитӀхэм фӀыщӀэ лей къахьын мурадкӀэ зэрызагъэнаӀуэм ещхьу. Пэжыр нывжызоӀэ, апхуэдэу зыщӀхэм я ӀыхьэфӀыр ягъуэтакӀэщ.


ДыгъуакӀуэр щыплъагъукӀэ, угуохьэ, куэпэчхэми уащӀыгъущ.


Былымыл зэгуэрым сшха, ажэм и лъым сефа?


– Симон, Иуан и къуэ, фӀыуэ сыплъагъурэ? – ещанэу еупщӀащ Хьисэ Петр. «ФӀыуэ сыплъагъурэ?» жиӀэу, Хьисэ ещанэу къызэреупщӀар Петр и жагъуэ хъуауэ, къыжриӀащ: – Зиусхьэн, уэ псори уощӀэ. ФӀыуэ узэрыслъагъури уощӀэ. – Си мэлхэр гъэхъу, – жиӀащ Хьисэ.


Хабзэхэр зэхэкъутамэ, щыпкъагъэ зигу илъым ищӀэн лъэкӀынур сыт?


Езыхэм ягу щыпкъагъэ илъу залъытэжу, ауэ нэгъуэщӀхэр зэзымыпэс цӀыху гупым мы ущие хъыбарыр яхуиӀуэтащ Хьисэ:


– Сэ нывжызоӀэ, япэ лӀым хуэмыдэу, мы лӀыр Тхьэм дежкӀэ щыпкъагъэ игу илъу унэм кӀуэжащ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зи щхьэ зыгъэин дэтхэнэри Тхьэм игъэлъэхъшэнущ, зи щхьэр зыгъэлъахъшэр Тхьэм игъэинынущ.


Тхьэм елъэӀуурэ жаӀащ итӀанэ: – Зиусхьэн, уэ цӀыху псоми я гум илъыр уощӀэ. Мы лӀитӀым ящыщу, апостолым и Ӏуэхур ищӀэну къыхэпхар дыгъэлъагъу; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ а Ӏуэхур къигъанэри, Иудэ езым хуэфащэ щӀыпӀэм кӀуащ.


ЦӀыхухэм я гум илъыр зыгъэунэху Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэм и гум илъри ещӀэ, Тхьэр зэрыхуейм хуэдэу, езым и Псэ ЛъапӀэр Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм яхуолъэӀуэри.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ