Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Лукас 16:1 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

1 – ЛӀы бей гуэрым унэзехьэ гуэр иӀащ, – яжриӀащ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм. – «Мы лӀым уи мылъкур пфӀегъэкӀуэд», жраӀащ цӀыхухэм лӀы бейм.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

1 Хьисэ и гъэсэнхэм яжриӀащ итӀанэ: – ЦӀыху къулей гуэрым гуэнтет иӀэт. Гуэнтетым уи мылъкур Ӏисраф пфӀещӀ, жаӀэри къулейм бзэгу хуахьащ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Лукас 16:1
19 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Тхьэм и нэфӀ къыфщыхуэу лъэкӀыныгъэ Ӏэджэу фи Ӏэм кърилъхьам ирикъуу фрилажьэурэ, Тхьэм хэти и Ӏэм кърилъхьа лъэкӀыныгъэхэмкӀэ и фӀагъ адрейхэм ярырегъэкӀыж.


– Хэт атӀэ акъылыфӀагъэ иӀэрэ зыщыгугъ хъун унэзехьэу тепщэм езым и ӀуэхутхьэбзащӀэхэм унафэщӀ яхуищӀынур, шхын и чэзум къаритын щхьэкӀэ? – жиӀащ Зиусхьэным.


Тхьэм фелъэӀуми, зыри къывитыркъым, Ӏеягъ фигу илъу, фи гур зыщӀэхъуэпс Ӏуэхугъуэхэм ятевгъэкӀуэдэныр арщ Тхьэм фыщӀелъэӀури.


Тхьэм и Ӏуэхур члисэ зэхуэсым и Ӏэтащхьэм и пщэм зэрыдэлъым щхьэкӀэ, ар зыми зэригъэкъуэншэн лъэпкъ зыбгъэдэмылъ лӀыуэ щытын хуейщ: ерыщу икӀи губжьыгъуафӀэу, ефакӀуэуи, цӀыху Ӏэлуи, мылъкум щӀэхъуэпсуи щыт хъунукъым.


Ауэ къуэ зыхужыпӀэу уи мылъкур цӀыхубз псэжьхэм ятезыгъэкӀуэдар къэкӀуэжати, танэ гъэшхар хуфӀебгъэгъэжащ».


– Зыкъом дэкӀа нэужь, къуэ нэхъыщӀэм иӀэ псори зэщӀикъуэри, хамэ къэрал гуэрым кӀуащ. И мылъкур а къэралъым щхьэпсыншагъэкӀэ щигъэкӀуэдащ.


Ещанэ унэӀутри къакӀуэри, жиӀащ: «Зи щӀыхь ин, мис уи минэр. Ар хъыданым кӀуэцӀыслъхьэри щызгъэлъащ.


– ЛӀы бей гуэр щыӀащ. Щыгъыным я нэхъ лъапӀэмкӀэ зихуапэрт абы, махуэ къэси ефэ-ешхэшхуэ ищӀырт.


пщы Ирод и унэзехьэу Хузэ зи цӀэм и фыз Иуаннэ, Сусаннэ, нэгъуэщӀ куэди. А цӀыхубзхэр я мылъкумкӀэ Хьисэрэ абы и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ дэӀэпыкъуэгъу яхуэхъурт.


Ахэр Исуф и унэм и унафэщӀым бгъэдыхьэри, щӀадзащ абы бжэм деж щепсалъэу.


Ибрам жиӀащ: – Тепщэу Зиусхьэн! Уэ къызэптынум сыт есщӀэнур, сэ быныншэу сыкъанэмэ; си унагъуэр зезыхьэ, Дамаск къалэм щыщ мы ЕлиӀэзэрщ си мылъкур къызыхуэнэнур.


– Пщыхьэщхьэр къыщысым, жызум хадэр зейм лэжьакӀуэхэм я унафэщӀым жриӀащ: «ЛэжьакӀуэхэм къеджи, я ужькӀэ къэкӀуахэм щыщӀэдзауэ япэу къэкӀуахэм нэсыху, я махуэ лэжьапщӀэр ет».


Арати, лӀы бейм и унэзехьэр къриджэри, жриӀащ: «Уэр щхьэкӀэ жаӀэр пэж? Си мылъкур зэрызепхьэ щӀыкӀэр сыгъэлъагъу. Си мылъкур дяпэкӀэ уэ зепхьэ хъужынукъым».


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ