Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Лукас 15:29 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

29 Ауэ абы и адэм жриӀащ: «Мис, сэ илъэс дапщэ хъуауэ сыпхуэлажьэрэ, уи унафэхэми зэи сытекӀакъым. Си ныбжьэгъухэм гухэхъуэ Ӏэнэ яхутезгъэувэн щхьэкӀэ, зэи зы чыцӀи къызэптакъым.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

29 Къуэ нэхъыжьым адэм мыпхуэдэу жриӀащ: «Сэ илъэс дапщэ хъуауэ сыпхуэлажьэми, зэи уи унафэ сыщӀэкӀакъым. ИтӀани зы чыцӀ къызэпту си ныбжьэгъухэмрэ сэрэ ди нэгу зедбгъэгъэужьакъым.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Лукас 15:29
23 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Фэ мыпхуэдэу жывоӀэ: «Дыбейщ, куэд диӀэ хъуащ, щыщӀагъэ зыри диӀэкъым». Гъуэгу мыгъуэ фытеувауэ, фытхьэмыщкӀэу, гущӀэгъу фхуэфащэу, фынэфу икӀи фыпцӀанэу фызэрыщытыр фщӀэркъым.


Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм члисэ зэхуэсхэм къажриӀэр зэхрех тхьэкӀумэ зиӀэм. ГъэпщкӀуауэ щыт мэнн шхыныгъуэм щыщ естынущ текӀуэныгъэр къэзыхьым. ЦӀэщӀэ зытетха мывэ хужьри естынущ. А мывэр зэст цӀыхум фӀэкӀа а цӀэр зыми ищӀэркъым.


Тхьэм цӀыхухэм щыпкъагъэ яӀэу зэрилъытэ гъуэгур къагурымыӀэу, езыхэм я гъуэгукӀэ Тхьэм щыпкъагъэ яӀэу зэрилъытэнум и ужь иту зэрыщытам щхьэкӀэ, Тхьэм щыпкъагъэ яӀэу зэрилъытэ гъуэгур ядакъым.


Зэгуэрым Торэт хабзэр сымыщӀэу сыпсэуащ. Ауэ Тхьэм и унафэр къыщыкӀуэм, гуэныхьым къару иӀэ хъури,


УзэрылӀы пхъашэм щхьэкӀэ сыпщышынащ. Уэ умыгъэтӀылъар къыбощтэж, тумысари къытыбохыж».


Езыхэм ягу щыпкъагъэ илъу залъытэжу, ауэ нэгъуэщӀхэр зэзымыпэс цӀыху гупым мы ущие хъыбарыр яхуиӀуэтащ Хьисэ:


Апхуэдэу, фэри, Тхьэм къыфхуищӀа унафэр вгъэзэщӀа нэужь, мыпхуэдэу жыфӀэн хуейщ: «Дэ пщӀэ зимыӀэ дыунэӀутщ. Дэ тщӀар тщӀэн хуеиуэ щытар тщӀауэ».


Сэ нывжызоӀэ, абы ещхьыркъабзэу, гуэныхь хущӀегъуэжыным хуэмыныкъуэ, щыпкъагъэ зигу илъ цӀыху бгъущӀрэ бгъум папщӀэ уафэм щыӀэну гуфӀэгъуэм нэхърэ зи гуэныхьхэм хущӀегъуэж гуэныхьыщӀэ закъуэм щхьэкӀэ уафэм нэхъ гуфӀэгъуэшхуэ щыӀэнущ.


«Дэ махуэ псом хуабэвэхым дыхэту, гугъу дехьу дылэжьа пэтми, ди ужькӀэ къэкӀуауэ зы сыхьэт нэхъ мылэжьахэм дахуэбгъэдащ», жаӀащ.


Абы щыгъуэ дызэрызыщытхъужыр къэна? Хьэуэ, къэнакъым. Дэтхэнэ хабзэра ар жызыӀэр? Дэ тщӀэн хуей Ӏуэхухэр жызыӀэ хабзэра? Хьэуэ, фӀэщхъуныгъэм и хабзэрщ.


сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Торэт хабзэм итхэр зэригъэзащӀэм папщӀэ Тхьэм дежкӀэ щыпкъагъэ иӀэ хъунукъым цӀыхум. Торэт хабзэращ гуэныхь зэрыдлэжьар къыдэзыгъэщӀэжыр.


– Къуэ нэхъыжьым ар щызэхихым, къэгубжьри, унэм щӀыхьэжын идакъым. И адэр къыщӀэкӀри, щӀыхьэжыну къелъэӀуащ.


Ауэ къуэ зыхужыпӀэу уи мылъкур цӀыхубз псэжьхэм ятезыгъэкӀуэдар къэкӀуэжати, танэ гъэшхар хуфӀебгъэгъэжащ».


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ