Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Лукас 15:2 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

2 Ауэ фарисейхэмрэ торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ я мыгуапэу жаӀащ: – Мы лӀым гуэныхь зыщӀэхэр зригъэгъусэщ икӀи абыхэм ядошхэ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

2 Фарисейхэмрэ теурэт егъэджакӀуэхэмрэ ар яфӀэмыфӀу, мыпхуэдэу жаӀащ: – Мыбы гуэныхьлыхэр зрегъэгъусэ, абыхэм ядошхэ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Лукас 15:2
12 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Фарисейхэм ар щалъагъум, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм еупщӀащ: – Фэ фи дин егъэджакӀуэр хьэкътын ахъшэр хэзыххэмрэ гуэныхь зыщӀэхэмрэ сыт щӀадешхэр?


Ар щалъагъум, цӀыхухэм мыарызыуэ жаӀащ: – Гуэныхь зыщӀэ цӀыхум и унэ хьэщӀэу ихьащ.


Хьисэ къезыгъэблэгъа фарисейм ар щилъагъум, игукӀэ жиӀащ: – Мыр бегъымбару щытатэмэ, мы къеӀуса цӀыхубзыр зыхуэдэр, ар гуэныхьыщӀэ цӀыхубз псэжьу зэрыщытыр къищӀэнт.


Ар щалъагъум, фарисейхэмрэ торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм губгъэн хэлъу жраӀащ: – Хьэкътын ахъшэр хэзыххэмрэ гуэныхь зыщӀэхэмрэ сыт фащӀыдэшхэ-фащӀыдефэр?


жраӀащ: – Уэ сунэт ямыщӀахэм я деж ущӀыхьэри уадэшхащ.


ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр къэкӀуащ. Ар машхэ икӀи йофэ. «Ешхэн-ефэныр зи щӀасэу, хьэкътын ахъшэр хэзыххэмрэ гуэныхь зыщӀэхэмрэ я ныбжьэгъущ», жывоӀэ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Екъуб деж лӀы гуэрхэр къикӀын и пэкӀэ, Петр мыжуртхэм ядэшхэу щытащ. Ауэ а лӀыхэр къыщыкӀуэм, Петр къикӀуэтыжри, и щӀыбагъыр мыжуртхэм яхуигъэзащ, сунэт ящӀахэм ящышынати.


ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр къэкӀуащ. Ар машхэ икӀи йофэ. «Ешхэн-ефэныр зи щӀасэу, хьэкътын ахъшэр хэзыххэмрэ гуэныхь зыщӀэхэмрэ я ныбжьэгъущ», хужаӀэ абы. АрщхьэкӀэ Тхьэм и акъылыфӀагъэм къыхэкӀа къэхъукъащӀэхэм а акъылыфӀагъэр ягъэщыпкъэ.


Хьисэ мы ущие хъыбарыр абыхэм яжриӀащ абы щыгъуэ:


Мы псалъэхэр пэжщ, ахэр ящтэну цӀыху псоми яхуэфащэщ: Гуэныхь зыщӀэхэр мыкӀуэду къригъэлын щхьэкӀэ, Мэссихь Хьисэ мы дунейм къэкӀуащ. Абыхэм ящыщу япэ итыр сэращ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ