Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Лукас 14:15 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

15 Хьисэ щӀыгъуу Ӏэнэм бгъэдэса гуэрым ар щызэхихым, жиӀащ: – Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр къыщыскӀэ, адрей хьэщӀэхэм я гъусэу Ӏэнэм бгъэдэсынур гъуэгу махуэ теуващ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

15 Ӏэнэм къыдыщыс гуэрым ар щызэхихым, Хьисэ къыжриӀащ: – Тхьэм и Тепщэныгъэр нахуэу къэлъэгъуа нэужь, абы къыщаӀэтыну гуфӀэгъуэм хэтынур гъуэгу махуэ теуващ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Лукас 14:15
8 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

МелыӀычым къызжиӀащ итӀанэ: – Мыр тхы: «Щынэм и нысашэм къригъэблэгъахэр гъуэгу махуэ теуващ». ИтӀани къызжиӀащ: – Мыхэр Тхьэм и псалъэ пэжщ.


Си Тепщэныгъэшхуэр къыщыскӀэ, си Ӏэнэм фыбгъэдэсу фышхэнущ икӀи фефэнущ, Израил и унагъуэ лъэпкъ пщыкӀутӀым хьэкум ятефщӀыхьынуи тахътэхэм фытетӀысхьэнущ.


КъуэкӀыпӀэмкӀи къухьэпӀэмкӀи, ищхъэрэкӀи ипщэкӀи къикӀынурэ, я тӀысыпӀэхэр Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм и гухэхъуэ Ӏэнэм щаубыдынущ цӀыхухэм.


– Ахэр дагъэ щэху кӀуауэ, щауэр къэсащ икӀи хьэзыру щыта хъыджэбзитхур зыщӀигъущ, джэгу щащӀ унэм щӀыхьэри, бжэри къагъэбыдэжащ.


Тепщэм къигъэзэжа нэужь, мыжейуэ икӀи сакъыу къызрихьэлӀэж унэӀутхэр гъуэгу махуэ теуващ. Пэжыр нывжызоӀэ, абы и цеикӀэр диупщӀэнущ, Ӏэнэм пэригъэтӀысхьэнущ икӀи езыр къэкӀуэнурэ къащхьэщытынущ.


Ауэ сэ нывжызоӀэ, къуэкӀыпӀэмкӀи къухьэпӀэмкӀи цӀыху куэд къикӀынурэ, Ибрэхьим, Исхьэкъ, Екъуб сымэ я гъусэу Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм и гухэхъуэ Ӏэнэм щхьэж и тӀысыпӀэ щиубыдынущ.


– Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ, сэ нывжызоӀэ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр къэсу, ӀутӀыж махуэшхуэм къикӀыр зэщӀэхукӀэ, ӀутӀыж пщыхьэщхьэшхэ сэ сшхыжынукъым.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ