Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Лукас 13:33 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

33 Апхуэдэу щыт пэтми, ноби, пщэдеи, пщэдеймыщкӀи си гъуэгу срикӀуэн хуейщ, бегъымбарыр Ерусалим фӀэкӀа нэгъуэщӀ щӀыпӀэ щылӀэ хъунукъыми.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

33 Сэ ноби, пщэдеи, пщэдеймыщкӀи сыкъэмыувыӀэу сыздэкӀуэм сыкӀуэн хуейщ, сыту жыпӀэмэ бегъымбарыр Ерусэлим фӀэкӀа нэгъуэщӀ щӀыпӀэ щаукӀынкӀэ Ӏэмал зимыӀэщ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Лукас 13:33
10 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Ауэ Хьисэ Ерусалим зэрыкӀуэм щхьэкӀэ, а жылэм дэс цӀыхухэм ар ирагъэблэгъэн ядакъым.


– Ар Хьисэщ, Галилей хэкум щыщ Назарет къикӀа бегъымбарырщ, – жаӀэрт цӀыхубэм.


Ерусалим дэсхэмрэ абыхэм я пашэхэмрэ цӀыхухэр мыкӀуэду къезыгъэлыр зэры-Хьисэр ящӀэжакъым. Абы укӀ тралъхьащ, бегъымбархэм я псалъэу щэбэт махуэ къэс синэгуэгухэм къыщызэджэхэр а цӀыхухэм пэж ящӀащ апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ.


– Мис иджы дэ ЕрусалимкӀэ дыдокӀуей. ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр* дин пашэшхуэхэмрэ торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ ерагъэубыдынущ. Абыхэм укӀ къытралъхьэнущ,


Абы къыхэкӀкӀэ цӀыхухэм къалъагъуу Хьисэ журтхэм къахыхьэжакъым, а щӀыпӀэм икӀыжщ, губгъуэ нэщӀ лъэныкъуэмкӀэ ит Ефраим жылэм кӀуэри, и гъуэгу ирикӀуэхэр и гъусэу а жылэм къыдэнащ.


– Сэ сыкъэзыгъэкӀуам и Ӏуэхухэр злэжьын хуейщ махуэ щӀыкӀэ. Жэщ хъунущ. Жэщ щыхъукӀэ, зыми зыри ищӀэн лъэкӀынукъым.


– Сэ си шхыныгъуэр сыкъэзыгъэкӀуар зыхуейр злэжьыну, абы и Ӏуэхур нэзгъэсыну аращ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.


Назарет щыщ Хьисэ и хъыбарыр фощӀэ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэмрэ къаруушхуэмрэ абы къыхуригъэхащ. Тхьэр абы и гъусэу зэрыщытам щхьэкӀэ, Ӏуэху щхьэпэ ищӀэурэ, шейтӀаным и къарукӀэ хигъэзыхьа цӀыху псори игъэхъужу щытащ.


– Нэхур зы тэлайкӀэ къыфхэтынущ иджыри, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм. – КӀыфӀыгъэм фыхимыубыдэу нэхур фыхэтыху, фызекӀуэ. КӀыфӀыгъэм хэту зекӀуэм здэкӀуэр ищӀэркъым.


– Махуэр сыхьэт пщыкӀутӀкъэ зэрыхъур? – жиӀащ Хьисэ. – Махуэм зекӀуэр лъэпэрапэркъым, мы дунейм и нэхур елъагъури.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ