Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Лукас 13:32 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

32 – ФыкӀуи, – яжриӀащ Хьисэ, – а бажэм жефӀэ: «Сэ жин бзаджэхэр цӀыхухэм нобэрэ пщэдейрэ яхэсхунущ, сымаджэхэми сеӀэзэнущ, си Ӏуэхур ещанэ махуэм сыухынущ».

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

32 – ФыкӀуи, а бажэм мыпхуэдэу схужефӀэж, – яжриӀащ абыхэм Хьисэ, – «Сэ ноби пщэдеи цӀыхухэм жинхэр къахэсхужу икӀи згъэхъужу сахэтынущ, ауэ махуэ ещанэм си Ӏуэхур сыухынущ».

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Лукас 13:32
16 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

ЦӀыху куэд езым и бын хъун икӀи щӀыхьышхуэмкӀэ Ӏыхьэ къалъысын щхьэкӀэ, Тхьэуэ псори къэзыгъэщӀауэ, псори зыхущыӀэм Хьисэ гугъуехьу ишэчам хуэфащэ тепщэныгъэр абы иӀэ зэригъэхъуар къезэгъыу щытащ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыхухэр мыкӀуэду къызэрыригъэл гъуэгум тезыгъыхьэу, пашэ яхуэхъур Хьисэщ.


И Ӏуэхур щригъэкъум, езым къедаӀуэ цӀыху псори игъащӀэкӀэ мыкӀуэдыну къезыгъэлыр аращ,


Зигурэ зи псэкӀэ лъэкӀыныгъэ зимыӀэ цӀыхухэр дин пашэшхуэ хъуну Торэт хабзэм и унафэм егъэув; ауэ Торэт хабзэр ува нэужь, Тхьэм жиӀар псалъэ быдэкӀэ къыщигъэпэжым, игъащӀэкӀэ цӀыху нэгъэсауэ щыт и Къуэр дин пашэшхуэ хъуну къигъэуващ.


Ауэ Хьисэ яжриӀащ: – Си Адэм къыбгъэдэкӀыу Ӏуэху телъыджэ Ӏэджэ фэзгъэлъэгъуащ. МывэкӀэ фыкъызэуэурэ абыхэм ящыщу дэтхэнэра сыщӀэвукӀынур?


Хьисэ цӀэрыӀуэ хъуати, и хъыбар Ирод пащтыхьым зэхихащ. Щызэхихым, мыпхуэдэу жиӀащ: – Ар умэхъакӀуэ Иуанырауэ къыщӀэкӀынщ. Ар лӀахэм къахэтэджыкӀыжащ, аращ апхуэдэ къару зыхэлъ Ӏуэху телъыджэхэр щӀилэжьыр.


Серчэм щӀэфа нэужь, Хьисэ жиӀащ: – Си лэжьыгъэр нэзгъэсащ. И щхьэр къыфӀигъащӀэри, и псэр итащ итӀанэ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ