Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Лукас 13:24 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

24 – Куэбжэ зэвымкӀэ фызэрыдыхьэным Ӏэмал зэриӀэкӀэ и ужь фит, – жэуап яритыжащ Хьисэ абыхэм, – сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ, сэ нывжызоӀэ, цӀыху куэд куэбжэмкӀэ дыхьэну и ужь итынущ, ауэ яхузэфӀэкӀынукъым.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

24 – Куэбжэ зэвымкӀэ фызэрыдыхьэным и ужь фит Ӏэмал зэриӀэкӀэ, – итыжащ Хьисэ жэуап, – сыту жыпӀэмэ, нывжызоӀэ, цӀыху куэд дыхьэну хэтынущ, ауэ дыхьэфынукъым.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Лукас 13:24
26 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Апхуэдэу зэрыщытым щхьэкӀэ, си къуэшхэ, Тхьэм и бынхэм ящыщ фыхъуну фыкъызэрыхуриджар икӀи фыкъызэрыхихар зэрывгъэпэжыным сыт щыгъуи нэхъыбэрэ фыхущӀэкъу. Ар влъэжьмэ, Тхьэм и гъуэгум зэи фытекӀынукъым,


Аращи, а гупсэхужыпӀэм дызэрыщӀыхьэным и ужь дивгъэт. Ди адэжьхэм Тхьэм едэӀуэну зэрамыдам хуэдэу, дэ тщыщ гуэр Тхьэм емыдаӀуэу щремыт. Ар мыхъумэ, а цӀыхур Тхьэм и гупсэхужыпӀэм щӀыхьэнукъым.


Сыт щыгъуи фысакъ икӀи къэхъуну псоми фахэкӀын щхьэкӀэ, къару къэвгъуэтурэ, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм и пащхьэм фызэриувэфынкӀэ Тхьэм фелъэӀу зэпыт.


Шхыныгъуэ кӀуэдыжынум и ужь фимыт, зи ужь фитын хуейр цӀыхухэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ езыт шхыныгъуэрщ. А шхыныгъуэращ ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм къывитынур, Тхьэуэ Адэ лъапӀэм ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр зэридэм и щыхьэт мыхъурыр абы къытригъэуащи.


Тхьэм цӀыхухэм щыпкъагъэ яӀэу зэрилъытэ гъуэгур къагурымыӀэу, езыхэм я гъуэгукӀэ Тхьэм щыпкъагъэ яӀэу зэрилъытэнум и ужь иту зэрыщытам щхьэкӀэ, Тхьэм щыпкъагъэ яӀэу зэрилъытэ гъуэгур ядакъым.


Ар згъэзэщӀэн щхьэкӀэ, Мэссихь къысхилъхьа лъэкӀыныгъэ инымкӀэ хуабжьу солажьэ икӀи сыщӀокъу.


Фыкъыслъыхъуэнущ, ауэ сыкъэвгъуэтынукъым, сэ сыздэщыӀэми фэ фыкӀуэфынукъым.


Хьисэ абыхэм яжриӀащ аргуэру: – Сэ сыфхэкӀыжынущ, фэри сыкъэфлъыхъуэнущ, ауэ фи гуэныхьхэр фтелъу фылӀэжынущ. Сэ сыздэкӀуэм фэ фынэкӀуэфынукъым.


УмэхъакӀуэ Иуан* и махуэхэм къыщыщӀэдзауэ нобэр къыздэсым цӀыхухэм Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀэт цӀыхухэм гугъуехь ирагъэшэчащ икӀи бзаджащӀэхэм а тепщэныгъэшхуэр залымыгъэкӀэ яубыдыну и ужь итщ;


– Си бынхэ, куэдрэ сывигъусэжынукъым. Фэ фыкъыслъыхъуэнущ, ауэ «СыздэкӀуэм фэ фынэкӀуэфынукъым» жысӀэу журтхэм зэражесӀам хуэдэу, фэри вжызоӀэ иджы.


Зыгуэр къеупщӀащ абы: – Зи щӀыхь ин, мыкӀуэду Тхьэм къригъэлыну цӀыхухэр мащӀэ дыдэ?


сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Зиусхьэным и мелыӀычыр а зыгъэпскӀыпӀэм зэзэмызэ къехырти, псыр игъэщэнауэрт. Псыр щэнэуа нэужь, абы япэу хыхьар, сыт хуэдэ узыфэ иӀэми, хъужырт.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ