Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Лукас 13:22 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

22 Къалэхэмрэ къуажэхэмрэ къызэхикӀухьым, цӀыхухэм Тхьэм и псалъэхэр яригъащӀэурэ, Хьисэ ЕрусалимкӀэ кӀуэну иунэтӀащ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

22 Хьисэ Ерусэлим здэкӀуэм, къалэхэм, жылэхэм дыхьэурэ, цӀыхухэр иущийрт.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Лукас 13:22
7 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Тхьэм Хьисэ уафэм щыдришеижыну махуэр къыщыблагъэм, Хьисэ Ерусалим кӀуэну мурад ищӀащ.


Хьисэ къалэ псори, жылэ псори къызэхикӀухьырт. Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм щаригъащӀэрт синэгуэгухэм, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм теухуа хъыбарыфӀым щӀигъэдаӀуэрт, уз зыпкърыт дэтхэнэ цӀыхури дэтхэнэ цӀыху гукъыдэмыжри игъэхъужырт.


Назарет щыщ Хьисэ и хъыбарыр фощӀэ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэмрэ къаруушхуэмрэ абы къыхуригъэхащ. Тхьэр абы и гъусэу зэрыщытам щхьэкӀэ, Ӏуэху щхьэпэ ищӀэурэ, шейтӀаным и къарукӀэ хигъэзыхьа цӀыху псори игъэхъужу щытащ.


Абыхэм я фӀэщмыхъуныгъэр игъэщӀэгъуащ Хьисэ. Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм яригъащӀэурэ, Хьисэ жылэ гъунэгъухэр къызэхикӀухьырт.


Зыгуэр къеупщӀащ абы: – Зи щӀыхь ин, мыкӀуэду Тхьэм къригъэлыну цӀыхухэр мащӀэ дыдэ?


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ