Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Лукас 13:19 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

19 Ар зыхуэдэр хъардэл хьэдзэрщ. Ар лӀы гуэрым къищтэри, и хадэм хисащ. Хьардэлыр къэкӀри, и къудамэхэм къуалэбзухэр къытетӀысхьэу, жьауапӀэ яхуэхъуащ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

19 Ар андэгурэдэгум и жылэ цӀыкӀум хуэдэщ. ЦӀыху гуэрым а жылэр къищтэри, и хадэм щыхисащ. Щыхисэм, жыгым хуэдэу къэкӀри, къудамэ щӀагъхэм къуалэбзухэм абгъуэ щӀащӀыхьащ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Лукас 13:19
38 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Петррэ Иуанрэ хъыбару яӀуатэр зэхэзыхахэм ящыщ куэдым ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ. Абыхэм я бжыгъэр цӀыху минитху хуэдиз хъуащ.


Петр и псалъэхэм еувэлӀахэм зрагъэумэхъащ. ФӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм я бжыгъэм минищ хуэдиз хэхъуащ а махуэм.


Ар щызэхахым, Тхьэм щӀыхьышхуэ хуащӀащ абыхэм. Паул къыжраӀащ итӀанэ: – Ди къуэш, журтхэм ящыщ мин бжыгъэхэм фӀэщхъуныгъэ яӀэ зэрыхъуари Мусэ и Торэт хабзэм я фӀэщу зэрыхэтри уолъагъу.


– Фэ фи фӀэщхъуныгъэр мащӀэти, аращ, – яжриӀащ Хьисэ. – Пэжыр нывжызоӀэ, хъардэл хьэдзэм хуэдиз фӀэкӀ мыхъу фӀэщхъуныгъэ фиӀэмэ, мы Ӏуащхьэм «ӀукӀи, модэ кӀуэ!» жефӀэмэ, ӀукӀынурэ кӀуэнущ. ФхузэфӀэмыкӀыну зы Ӏуэхуи щыӀэнукъым итӀанэ.


Ебланэ мелыӀычыр и бжьамиишхуэм епщащ итӀанэ. Уафэм макъышхуэхэр къиӀукӀащ абы щыгъуэ: «Ди Зиусхьэнрэ езым и Мэссихьрэ мы дунейм тепщэныгъэшхуэ хуаӀэ хъуащ. Тхьэр арщ тепщэныгъэшхуэр игъащӀэкӀэ зиӀэнур».


– Хъардэл хьэдзэм хуэдиз фӀэщхъуныгъэ фиӀэу, мы ахъуо жыгым «Зыкъыхэтхъыжи, хым зыщыхэсэж», жефӀэмэ, къывэдэӀуэнущ, – жиӀащ Зиусхьэным.


– Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр сытым едгъэщхьын? – жиӀащ Хьисэ. – Хьэмэрэ сыт хуэдэ ущие хъыбаркӀэ къэдгъэнэхуэн ар зыхуэдэр?


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ