Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Лукас 12:8 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

8 – ВжызоӀэ, сэ, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм, си гъуэгу ирикӀуэхэм зэращыщыр цӀыхухэм я пащхьэм щыжызыӀэ дэтхэнэри си гъуэгу ирикӀуэхэм зэращыщыр Тхьэм и мелыӀычхэм я пащхьэм сэри щыжысӀэнущ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

8 – НывжызоӀэ, си Ӏумэтым зэритыр цӀыхухэм щимыбзыщӀу къыжызыӀэ дэтхэнэри Тхьэм и мелыӀычхэм я пащхьэм щилъытэжынущ ЦӀыхум и Къуэм.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Лукас 12:8
13 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Къуэ лъапӀэр зымыдэм и псэм Адэ лъапӀэри хэлъкъым. Къуэ лъапӀэр зыдэм и псэм Адэ лъапӀэри хэлъщ.


ТеубыдагъэкӀэ гугъуехь тшэчмэ, абы дригъусэу тепщэныгъэ диӀэнущ. «Абы и гъуэгу ирикӀуэхэм дащыщкъым», жытӀэмэ, езыми «Ахэр си гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщкъым», къытхужиӀэнущ.


Сэ нывжызоӀэ, абы ещхьыркъабзэу, гуэныхь зыщӀауэ щӀегъуэж цӀыхум Тхьэм и мелыӀычхэр хуэгуфӀэнущ.


Фэ влэжь Ӏуэхухэр сощӀэ, шейтӀаным и тахътэр здэщыӀэм фызэрыщыпсэури сощӀэ. Сэ си цӀэм фыкъыхуэпэжщ. Фэ фыщыпсэу щӀыпӀэу шейтӀаныр здэщыӀэм си щыхьэт пэжу Антипэ зи цӀэр цӀыхухэм щыщаукӀа махуэхэми сэркӀэ фиӀэ фӀэщхъуныгъэм фепцӀыжын вдакъым.


Гугъуехьу фшэчынухэм фащымышынэ. Мыр нывжызоӀэ, фигъэунэхун щхьэкӀэ шейтӀаным фэ фщыщ гуэрхэр лъэхъуэщым щӀидзэнущ, гузэвэгъум махуипщӀкӀи фыхэтынущ. ЛӀэныгъэм нэсыху фыкъысхуэпэж. Фыкъысхуэпэжмэ, тажу мыкӀуэдыжын гъащӀэр фэстынущ.


– Бажэхэм зэрысын гъуэ яӀэщ, къуалэбзухэми абгъуэ яӀэщ, ауэ ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм и щхьэр зрихьэлӀэн хэщӀапӀэ иӀэкъым, – жриӀащ абы Хьисэ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ