Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Лукас 12:5 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

5 Фызыщышынэн хуейр сэ вжесӀэнщ: иукӀар жыхьэнмэм хидзэжыну тепщэныгъэ зиӀэм фыщышынэ. ВжызоӀэ: аращ фызыщышынэн хуейр.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

5 Сэ вжесӀэнщ фызыщышынэн хуейр: фиукӀа нэужь, жыхьэнмэм фыхидзэну къару зиӀэр арщ фызыщышынэн хуейр. Мис Абы фыщышынэ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Лукас 12:5
16 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Тхьэр гуэныхь зыщӀа мелыӀычхэм ящысхьакъым, атӀэ Ӏэхъулъэхъухэр ярилъхьэри, цӀыхухэм я хьэкумыр щатрищӀыхьыну къемэтмахуэм нэсыху жыхьэнмэм и кӀыфӀыгъэм хэтыну ятрилъхьащ.


Псэр зыукӀын зылъэмыкӀыу, Ӏэпкълъэпкъыр зыгъэкӀуэдхэм фащымышынэ, ауэ псэри Ӏэпкълъэпкъри жыхьэнмэм хэзыгъэкӀуэдэфынум фыщышынэ.


МакъышхуэкӀэ жиӀащ: – Тхьэм фыщышынэ, щӀыхьышхуэри хуэфщӀ, Тхьэм цӀыху псоми я хьэкумыр щатрищӀыхьыну сыхьэтыр къэсащи. Уафэри, щӀыри, хыри, псынащхьэхэри къэзыгъэщӀар вгъэлъапӀэ.


Къуаншагъэ зэрыпщӀам щхьэкӀэ гъащӀэ зиӀэ Тхьэм и ӀэмыщӀэ уихуэныр куэду шынагъуэшхуэщ!


Хьэкуму ятрищӀыхьамкӀэ Зиусхьэным Езыр зыхуэдэр яригъэщӀащ; цӀыху бзаджэр езым и ӀитӀкӀэ илэжьам текӀуэдэжащ.


МелыӀычхэм лӀэныгъэри лӀахэм я дунейри мафӀэм ис хым хадзащ итӀанэ. МафӀэм ис хыр етӀуанэ лӀэныгъэращ.


Мы ӀуэхумкӀэ зыми и къуэшым мыхъумыщӀэ иримыщӀэну е къимыгъэпцӀэну хуейщ Тхьэр. ЗэрывжетӀам икӀи зэрывгурыдгъэӀуам тету, апхуэдэ бзаджагъэ зыщӀэ цӀыху псоми яхуэфащэр Зиусхьэным яригъэпшыныжынущ.


– Пащтыхьым и сэмэгурабгъумкӀэ щытхэми яжриӀэнущ: «ФызбгъэдэкӀ фэ, Тхьэм и ней зыщыхуахэр. ШейтӀанымрэ абы и мелыӀычхэмрэ Тхьэм яхуигъэхьэзыра мыункӀыфӀыжын мафӀэм фыкӀуэ.


Уэ, Зиусхьэн, къыпщымышынэ цӀыхуи щӀыхьышхуэ къыпхуэзымыщӀ цӀыхуи щыӀэкъым. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ лъапӀэ закъуэу щыӀэр уэращ. ЩыпкъагъэкӀэ хьэкум зэрыпщӀэр нахуэ зэрыхъуам щхьэкӀэ, лъэпкъ псори уи пащхьэм ихьэнурэ уагъэлъэпӀэнущ».


Ауэ сэ нывжызоӀэ, и къуэшым хуэгубжь дэтхэнэри хеящӀэм и пащхьэм ирашэнущ. И къуэшым «Уэ уи щхьэр нэщӀщ!» жезыӀэр Тхьэмадэ Хасэшхуэм и пащхьэм ирашэнущ. И къуэшым «Уэ уакъылыншэщ!» жезыӀэр жыхьэнмэ мафӀэм хыхьэнущ.


– Мыухыжын гугъуехь щашэчыну гъуэгум техьэнущ ахэр, ауэ щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхухэр мыкӀуэдыжын гъащӀэ къащылъысыну гъуэгум техьэнущ.


Ауэ фэ фызыхуэсакъыж, а Ӏуэху псори къэхъун и пэкӀэ, абыхэм я гугъу фхуэсщӀащ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ