Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Лукас 12:48 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

48 И тепщэр зыхуейр имыщӀэу, тезыр зыхуэфащэ Ӏуэхухэр зылэжьам нэхъ удын мащӀэщ къытехуэнур. Куэд зритам куэд къитыжынкӀэ щыгугъынущ Тхьэр, зи ӀэмыщӀэ куэд ирилъхьам нэхъ куэдыжкӀэ щыгугъынущ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

48 Ауэ и тхьэмадэм и унафэм щымыгъуазэу удын къызыпэкӀуэ Ӏуэху зылэжьа ӀуэхутхьэбзащӀэм удыну къытехуэнур мащӀэщ. Тхьэм куэд зритам куэдкӀэ еупщӀыжынущ, куэд дзыхь зыхуищӀам нэхъыбэж къритыжыну хуигъэувынущ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Лукас 12:48
21 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Си къуэшхэ, фэ фщыщ куэдыӀуэ дин егъэджакӀуэ хъуным щӀремыкъу, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ дэ егъэджакӀуэхэм Тхьэм хьэкуму къыттрищӀыхьынур хьэкум нэхъ ткӀийуэ зэрыщытыр фощӀэ.


Сэ сыкъакӀуэу, си псалъэхэр яжезмыӀауэ щытатэмэ, гуэныхь яӀэнутэкъым, ауэ иджы гуэныхьу ящӀахэм щхьэкӀэ щхьэусыгъуэ зыри яӀэкъым.


– Ар хэтуи ирехъу, зиӀэм нэхъыбэ къритынущ Тхьэм, къелыжу хуигъэбэгъуэнущ, ауэ зимыӀэм иӀэ тӀэкӀури Ӏихыжынущ Тхьэм.


Сэ ар згъэпцӀу, абы и цӀыхухэм гугъуехь езгъэшэчу икӀи абы сыхущӀэджэу щыта пэтми, гущӀэгъу къысхуищӀащ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фӀэщхъуныгъэ симыӀэу, злэжьу щыта Ӏуэхухэр зыхуэдэр къызгурымыӀуэу сыпсэуэ щытати.


БлэкӀа зэманхэм, цӀыхухэм щӀэныгъэ ямыӀэу щыщытам, Тхьэр абыхэм нэ ӀейкӀэ къеплъыгъакъым, атӀэ цӀыху псоми, дэнэ щыӀэми, я гуэныхьхэм хущӀегъуэжыну унафэ къахуещӀ иджы;


Арати, лӀы бейм и унэзехьэр къриджэри, жриӀащ: «Уэр щхьэкӀэ жаӀэр пэж? Си мылъкур зэрызепхьэ щӀыкӀэр сыгъэлъагъу. Си мылъкур дяпэкӀэ уэ зепхьэ хъужынукъым».


Уэ, Тимофей, Тхьэм уи пщэм къыдилъхьа Ӏуэхум хуэсакъ. Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зыхэмылъ псалъэ мышыухэмрэ щӀэныгъэ нэпцӀ зыхэлъ пэпсэлъэнымрэ пэӀэщӀэ зыщӀ.


Сэ цӀыхухэм ялъэзгъэӀэс хъыбарыфӀымкӀэ Тхьэм и хъыбарыр игъуэ дыдэм нахуэ ищӀащ. ДымыкӀуэду дыкъезыгъэл Тхьэм а хъыбарыфӀыр си пщэм къыдилъхьэри, цӀыхухэм ар яхуэсӀуэтэну унафэ къысхуищӀащ.


– Зиусхьэн, – жиӀащ Петр, – мы ущие хъыбарыр дэр щхьэкӀэ жыпӀэрэ хьэмэрэ псом щхьэкӀи жыпӀэрэ?


– ЩӀым мафӀэ ездзын щхьэкӀэ, сыкъэкӀуащ икӀи ар щӀэнамэ, сыту си гуапэ хъунут!


Гъуэгу мыгъуэ фытеуващ, торэт егъэджакӀуэ пашэхэри фарисейхэри, бзитӀщхьитӀхэ! Фызабэхэм я унэхэр къатывох икӀи цӀыхухэм зевгъэгъэщӀэгъуэн щхьэкӀэ, фи тхьэлъэӀухэр кӀыхьлӀыхь фощӀ. Тхьэм хуабжьу фигъэпшынэнущ абы щхьэкӀэ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ