Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Лукас 12:37 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

37 Тепщэм къигъэзэжа нэужь, мыжейуэ икӀи сакъыу къызрихьэлӀэж унэӀутхэр гъуэгу махуэ теуващ. Пэжыр нывжызоӀэ, абы и цеикӀэр диупщӀэнущ, Ӏэнэм пэригъэтӀысхьэнущ икӀи езыр къэкӀуэнурэ къащхьэщытынущ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

37 Тхьэмадэм къигъэзэжа нэужь, мыжеяуэ зрихьэлӀэж ӀуэхутхьэбзащӀэр гъуэгу махуэ теуващ. Пэжыр нывжызоӀэ, тхьэмадэм и бгыр щӀипхэнурэ, ӀуэхутхьэбзащӀэхэр иригъэфэу-иригъашхэу езыр ящхьэщытынущ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Лукас 12:37
25 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Аращи, фӀыуэ слъагъухэ, абыхэм фызэрыпэплъэм щхьэкӀэ, лажьэ зыри фимыӀэу, зыми фызэригъэкъуэншэн лъэпкъ щымыӀэу икӀи гузэгъэгъуэ фиӀэу Тхьэм и пащхьэм фызэрихьэным и ужь фит.


– Аращи, фымыжейуэ фысакъ, Зиусхьэныр дунейм къыщыкӀуэжыну махуэр фщӀэркъыми.


А ӀуэхуитӀым сыхагъэзыхь. Мы дунейм сехыжу, Мэссихь сригъусэну сыхуейщ. Ар куэдкӀэ нэхъыфӀщ.


Ауэ Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу: «Зы ни илъэгъуакъым, зы тхьэкӀуми зэхихакъым, зы цӀыхуи игу къэкӀакъым Тхьэм езыр фӀыуэ зылъагъу цӀыхухэм яхуигъэхьэзырар».


Макъ гуэрым мыпхуэдэу къыжиӀэу, уафэм къиӀукӀыу зэхэсхащ итӀанэ: – Тхы: Иджы къыщыщӀэдзауэ Зиусхьэныр зи псэм щыщу лӀэр гъуэгу махуэ теувэнущ. – Ар пэжщ, – жеӀэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм. – Я Ӏуэхур загъэщӀауэ, загъэпсэхужынущ, я фӀыщӀагъэхэр ягъуэтыжынущи.


апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ ди Зиусхьэну, дымыкӀуэду дыкъезыгъэл Хьисэ Мэссихь и Тепщэныгъэшхуэу мыкӀуэдыжынум фыщӀыхьэну хуит фыхъунущ.


Сэ къысхуэлажьэр си ужь кърыреувэ. Къысхуэлажьэр сэ сыздэщыӀэми щыӀэнущ. Къысхуэлажьэм Адэ лъапӀэм щӀыхь хуищӀынущ.


Сыт щыгъуи фысакъ икӀи къэхъуну псоми фахэкӀын щхьэкӀэ, къару къэвгъуэтурэ, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм и пащхьэм фызэриувэфынкӀэ Тхьэм фелъэӀу зэпыт.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ тахътэм и кум тес Щынэр абыхэм Ӏэхъуэ яхуэхъунущ; икӀи гъащӀэ къэзыт псынащхьэхэм я деж ахэр ишэнущ. Абыхэм я нэхэм нэпс псори ящӀилъэщӀыкӀыжынущ.


Си тахътэм къыщызбгъэдэсыну хуит сщӀынущ текӀуэныгъэр къэзыхьыр, сэри текӀуэныгъэр къэсхьу, си Адэм и тахътэм езым сызэрыщыбгъэдэтӀысхьам хуэдэу.


ГъащӀэ пэж жыхуэсӀэр Мэссихь сыхуэлэжьэнырщ, сылӀэми, и фӀагъ къызэкӀынущ.


Хьэуэ, жриӀэнукъым. ЖриӀэнур мыращ: «Пщыхьэщхьэшхэ къысхуэгъэхьэзыр, уи цеикӀэр дэупщӀи, сэ сышхэху икӀи сефэху къысщхьэщыт. Абы и ужькӀэ ушхэну икӀи уефэну ухуитщ».


– А унэӀутыр гъуэгу махуэ теуващ, тепщэр къэкӀуэжрэ апхуэдэу ищӀэу кърихьэлӀэжмэ.


Зи тепщэр хьэгъуэлӀыгъуэм къикӀыжыным пэплъэрэ бжэм къызэрытеуӀуэу хуӀузыхыну хьэзыру щытхэм хуэдэу фыщыт.


Хэт нэхъ иныр: Ӏэнэм бгъэдэсыра, хьэмэрэ щхьэгъэрытыра? Ӏэнэм бгъэдэсыракъэ? Ауэ сэ щхьэгъэрытым хуэдэу сыфхэтщ.


(Хьисэ жеӀэ:) – Мис, уащхъуэдэмыщхъуэу дыгъуакӀуэр къызэрыкӀуэм хуэдэу сэ сыкъэкӀуэнущ. ПцӀанэу къыщикӀухькӀэ, и укӀытапӀэр цӀыхухэм ямылъагъун щхьэкӀэ, мыжейуэ икӀи сакъыу зи щыгъынхэр зыхъумэр гъуэгу махуэ теуващ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ