Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Лукас 12:30 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

30 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ апхуэдэ Ӏуэху псори аращ дунейм тет лъэпкъхэм къалъыхъуэр. Фэ абы фызэрыхуэныкъуэр фи Адэ лъапӀэм ищӀэркъэ?

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

30 Мажусийхэм аращ къызыкӀэлъажыхьыр. Фи Адэр фызыхуэныкъуэ псоми зэрыщыгъуазэр фигу ивгъэлъ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Лукас 12:30
13 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ апхуэдэ Ӏуэху псорищ дунейм тет лъэпкъхэм къалъыхъуэр. А псоми фэ фызэрыхуэныкъуэр фи Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэм ищӀэркъэ?


Аращи, абыхэм зэращӀым хуэдэу фымыщӀэ; фэ фелъэӀун и пэкӀэ, фызыхуэныкъуэр фи Адэ лъапӀэм ещӀэри.


Зиусхьэным и цӀэкӀэ куэду фхузогъэбыдэ: Хамэ лъэпкъхэм я щхьэхэр нэщӀу зэрыпсэум хуэдэу фымыпсэу.


– Фымышынэ фэ гуп мащӀэр, фи Адэ лъапӀэм и Тепщэныгъэшхуэр къыщыскӀэ тепщэныгъэр къывитыну хуейщи.


Апхуэдэу, фи Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэр мы цӀыкӀухэм ящыщ зыри кӀуэдыну хуейкъым.


Къэпсэлъэнур фэракъым, атӀэ фи Адэ лъапӀэм и Псэ ЛъапӀэу фи гум илъыращ.


Фэ фи къуэшхэм фӀэкӀа зыми и Ӏэр фымыубыдмэ, егъэлеяуэ сыт фӀыгъэ фщӀэр? Хамэ лъэпкъхэми апхуэдэу ящӀэркъэ?


– УкъызэмыӀусэ, – жиӀащ Хьисэ, – сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Адэ лъапӀэм деж иджыри сыдэкӀуеижакъым, си къуэшхэм я деж кӀуэи, яжеӀэ: «Сэ си Адэу, фэри фи Адэу, сэ си Тхьэу, фэри фи Тхьэм деж сыдэкӀуеижынущ».


– Псапэ щыфщӀэкӀэ, цӀыхухэм евгъэгъэщӀэгъуэн мурадкӀэ абыхэм ялъагъуу зэрывмыщӀэным фыхуэсакъ. Армыхъумэ, фи Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэм ӀыхьэфӀыр къыфхуигъэфэщэнукъым.


Фэри фшхынумрэ фызэфэнумрэ я ужь фимыт икӀи абыхэм фримыгумэщӀ.


Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм и Ӏуэхугъуэхэм я ужь фит япэщӀыкӀэ, адрейуэ къэна Ӏуэхугъуэхэр псори къыфӀэщӀыхьэнущ итӀанэ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ