Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Лукас 11:4 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

4 Дэ гуэныхьу тщӀахэр къытхуэгъэгъу, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ мыхъун къыдэзыщӀэ дэтхэнэми дэри худогъэгъури. ШейтӀаным гуэныхь дигъэлэжьыну хуит умыщӀ, абы дыщыхъумэ».

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

4 Ди гуэныхьхэр къытхуэгъэгъу, сыту жыпӀэмэ дэри мыхъун къыдэзыщӀэу гуэныхь къэзыхьхэм яхудогъэгъу. Гуэныхь къыдэзыгъэхь Ӏуэхугъуэхэм дащыхъумэ».

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Лукас 11:4
31 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

– Фымыжейуэ фысакъ, гуэныхь щӀэным фыдимыхьэхын щхьэкӀэ Тхьэм фелъэӀу. Гур мэхъуапсэ, ауэ пкъым хузэфӀэкӀыркъым.


Зым зыр ирешыӀэ икӀи зым зым гукъанэ гуэр хуиӀэмэ, зэхуэвгъэгъу. Мэссихь къызэрыфхуигъэгъуам хуэдэу, фэри зэхуэвгъэгъу.


(ИтӀанэ Исус щӀигъужащ:) – И къуэшым кърищӀар игукӀэ хуэзымыгъэгъу фщыщ дэтхэнэми сэ си Адэу уафэм щыӀэри апхуэдэущ къызэрыхущытынур.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зи гум гущӀэгъу имылъым Тхьэм гущӀэгъу къыхуимыщӀу хьэкум къытрищӀыхьынущ. Ауэ гущӀэгъур гъэкъуэншэным нэхърэ нэхъ лъэщщ.


Зиусхьэным бзаджагъэ псоми сыкъыхихыжынущ икӀи сыкъихъумэурэ, езым и Тепщэныгъэшхуэу уафэм щыӀэм сыщӀишэнущ. МыкӀуэдыжын щӀыхьышхуэр зеир Зиусхьэнырщ. Ӏэмин.


Ауэ Зиусхьэныр щыпкъэщ. Абы фи гур игъэбыдэнущ, шейтӀанми фыщихъумэнущ.


ЦӀыхухэм гуэныхь ящӀэну дезыгъэхьэх Ӏуэхуу адрей цӀыхухэр зыхуэзэхэм фӀэкӀа фэ фыхуэзакъым. Тхьэр пэжщ, флъэкӀынум нэхърэ нэхъыбэ, гуныхьщӀэным фыдезыгъэхьэхын Ӏуэху фыхуэзэну хуит ищӀынукъым. Ауэ гуныхьщӀэным фыдезыгъэхьэхын Ӏуэху гуэр фыщыхуэзэкӀэ, абы фыпэувыфыну Тхьэм гъуэгу къывитынущ.


Сэ сызэрынолъэӀур ахэр шейтӀаным щыпхъумэну аращ, ахэр дунейм тепхыжыну аркъым.


– Сыт фыщӀэжейр? – яжриӀащ абыхэм. – Фыкъэтэджи, гуэныхь щӀэным фыдимыхьэхыну Тхьэм фелъэӀу.


Адрей цӀыху гупыр мывалъэм хэлъэлъа жылэм хуэдэщ. Ахэрщ Тхьэм и псалъэхэр зэрызэхахыу а псалъэхэр щыгуфӀыкӀыурэ зыщтэр, ауэ абыхэм лъабжьэ яӀэкъым. ФӀэщхъуныгъэм и гъуэгу куэдрэ теткъым. Я фӀэщхъуныгъэм и щыпкъагъэр гъэунэхуа щыхъукӀэ, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгу токӀыж.


«Теубыдагъэ зивгъэӀэ», жыхуэсӀа унафэр зэрывгъэзэщӀам щхьэкӀэ дунейм тет псоми ялъагъуну гузэвэгъуэ сыхьэтым фыщысхъумэнущ. А гузэвэгъуэ сыхьэтыр, дунейм тет цӀыхухэм я щыпкъагъэр игъэунэхун щхьэкӀэ, къэсынущ.


Гугъуехьу фшэчынухэм фащымышынэ. Мыр нывжызоӀэ, фигъэунэхун щхьэкӀэ шейтӀаным фэ фщыщ гуэрхэр лъэхъуэщым щӀидзэнущ, гузэвэгъум махуипщӀкӀи фыхэтынущ. ЛӀэныгъэм нэсыху фыкъысхуэпэж. Фыкъысхуэпэжмэ, тажу мыкӀуэдыжын гъащӀэр фэстынущ.


Уи дэпкъ кӀуэцӀым – мамырыгъэ, уи пщы сэрейхэм шынагъуэншагъэ щреӀэ».


Сэ сызэрыкъабзэу сопсэу; сыхэшыж, гущӀэгъу къысхуэщӀ.


сыт хуэдэ мыгъуагъэми сыкъыӀэщӀэзых мелыӀычым и нэфӀ къащрехуэ мы сабийхэм; мы сабийхэм я хьэтыркӀэ цӀыхухэм ягу кърекӀыж сэ си цӀэмрэ си адэхэу Ибрэхьимрэ Исхьэкърэ я цӀэхэмрэ; мы щӀылъэм щребагъуэ ахэр, щрехъу куэд дыдэ.


– Фэ фщыщ гуэрым ныбжьэгъу иӀэу жытӀэнщ, – яжриӀащ Хьисэ. – А ныбжьэгъум и унэм жэщыбгым макӀуэри, абы жреӀэ: «Ныбжьэгъу, щӀакхъуищ щӀыхуэу къызэт,


Е Силоам зи цӀэ щӀыпӀэм ит бэтэгъейр къызэтеуэу щӀипӀытӀа цӀыху пщыкӀуийр Ерусалим дэс цӀыху псоми нэхърэ нэхъ къуаншэу фи гугъэ?


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ