Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Лукас 11:36 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

36 КӀыфӀыгъэ хэмылъу уипкъ псом нэхур щызмэ, уи пкъыр зэрыщыту нэху щытынущ, уэздыгъэ нэхум укъызэригъэнэхум хуэдэу.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

36 Аращи, уи Ӏэпкълъэпкъыр зэрыщыту нэхукӀэ гъэнщӀарэ кӀыфӀыгъэ лъэпкъ хэмылъу щытмэ, уипкъри нэхуу щытынущ, уэздыгъэ нэхум укъызэригъэнэхум хуэдэу.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Лукас 11:36
22 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ «КӀыфӀыгъэм нэху къыхрекӀ», жызыӀа Тхьэм и нэхур ди гум къридзащ. А нэхум Тхьэм и щӀыхьышхуэу Мэссихь и нэгум къищыр зыхуэдэр дегъащӀэ.


Ди Зиусхьэну ди КъегъэлакӀуэ Хьисэ Мэссихь и нэфӀыр зэпымыууэ къызэрыфщыхуэным икӀи езыр нэхъыфӀу зэрыфщӀэным и ужь фит. Ноби мыкӀуэдыж махуэм нэсыхуи щӀыхьышхуэр ейщ абы. Ӏэмин.


Мэссихь и псалъэхэр фи гум сыт щыгъуи быдэу ивгъэлъ. АкъылыфӀагъэ псомкӀи зым адрейм ирырегъащӀэ икӀи гурырегъаӀуэ. Зиусхьэным фигухэмкӀэ фӀыщӀэ хуэфщӀу, уэрэдхэри, тхьэщӀыхь уэрэдхэри, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм фи гум кърилъхьэ уэрэдхэри абы щхьэкӀэ жыфӀэ.


ИщӀэ псомкӀэ гъуэгу махуэ теува цӀыхур мыращ: Тхьэм и унафэм фӀыуэ хэплъэ зэпыту икӀи зэдэӀуа Ӏуэхухэр щымыгъупщэжу зыгъэзащӀэрщ. Тхьэм и унафэр щыщӀагъэншэу икӀи нэгъэсауэ щытщи, цӀыхухэм щхьэхуитыныгъэ ирет.


Шхыныгъуэр – зи ныбжь нэсахэм щхьэкӀэщ. Абыхэм фӀымрэ емрэ ягукӀэ зэхагъэкӀыфу еса хъуурэ, ар хьэл-щэн яхуэхъуащ.


Толъкъунхэм адэ-мыдэкӀэ дызэрадзэу, сабийм дыхуэдэжынкъым итӀанэ, цӀыху гуэрхэм адрей цӀыхухэм ирагъащӀэ хъыбархэм я жьыбгъэ псоми дызэрахуэжыфынукъым. Адрей цӀыхухэр дэшэхыным хуэӀэзэ цӀыхухэм я пцӀыр къытхэзэгъэжынукъым итӀанэ.


– Абы къыхэкӀкӀэ, Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀыхьэ дэтхэнэ торэт егъэджакӀуэ пашэри унэр зей гуэрым хуэдэщ. Абы и мылъку гъэтӀылъыпӀэм мылъкущӀи мылъкужьи кърех.


Уэздыгъэ пигъанэмэ, ар пэгун щӀагъым щӀигъэувэркъым зыми, атӀэ тегъэувапӀэ лъагэм трегъэувэ. Унэм щӀэс псоми я деж нэхур нос итӀанэ.


Аращи, нэхуу пхэлъыр кӀыфӀ зэрымыхъуным хуэсакъ.


А псалъэхэр жиӀа нэужь, Хьисэ фарисей гуэрым игъэшхэну и унэ иригъэблэгъащ. Абы и унэм щӀыхьэри, Хьисэ Ӏэнэм пэрытӀысхьащ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ