Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Лукас 11:29 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

29 ЦӀыхубэр къыщызэхуэсым, Хьисэ абы яжриӀащ: – Иджырей цӀыхухэр бзаджэщ. Нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэ хуейщ, ауэ Инус бегъымбарым и нэщэнэм фӀэкӀа, Тхьэм абыхэм нэгъуэщӀ нэщэнэ къаритынукъым.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

29 ЦӀыхубэр къыщызэхуэсым, Хьисэ мыпхуэдэу жиӀащ: – Мы щӀэблэр зэкӀуэкӀа щӀэблэщ. Нэщэнэ къалъыхъуэ, ауэ абыхэм нэщэнэ кърагъэлъагъунукъым Инус бегъымбарым и нэщэнэм фӀэкӀ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Лукас 11:29
19 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

НэгъуэщӀхэри, Хьисэ ягъэунэхун щхьэкӀэ, зы нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэ гуэр уафэм къахуригъэхыну щӀэлъэӀуащ.


Журтхэр нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэм хуейщ. Алыджхэри акъылыфӀагъэм мэлъыхъуэ.


Арати, увыпӀэ ямыгъуэту цӀыхур мин бжыгъэкӀэ гупышхуэурэ къыщызэхуэсым, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм яжриӀэу щӀидзащ: – Фарисейхэм я пщагъэу я бзитӀщхьитӀыгъэм фыхуэсакъ.


Фэ фи адэр шейтӀаныращ. Фи адэр зыхуейращ влэжьыну фызыхуейр. Япэм къыщыщӀэдзауэ ар цӀыхуукӀыу щытщ, щыпкъагъэми теткъым, езым щыпкъагъэ хэлъкъыми. Абы пцӀы щиупскӀэ, игу илъыр жеӀэ, ар пцӀыупсщ, пцӀыр къызыбгъэдэкӀыр аращи.


– Сыт хуэдэ нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэ ди нэгу щӀэбгъэкӀын, ар ди нэкӀэ тлъагъуу, уэркӀэ фӀэщхъуныгъэ диӀэ хъун щхьэкӀэ? Сыт пщӀэнур? – къыжраӀащ абыхэм.


Журтхэм Хьисэ къыжраӀащ абы щыгъуэ: – Мыр пщӀэну хуитыныгъэ зэрыуиӀэм и щыхьэту сыт хуэдэ нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэ дыбгъэлъагъун?


Абы щхьэкӀэ нывжызоӀэ, Хэбэл бегъымбарым и лъым щыщӀэдзауэ Зэчрей бегъымбарым и лъыр къыхиубыдэу, бегъымбар псоми я лъы уасэр иджырей цӀыхухэм Тхьэм яригъэпшыныжынущ. Зэчрейращ къурмэнщӀыпӀэмрэ Тхьэм и унэшхуэмрэ я зэхуакум щагъэкӀуэдыгъар. Пэжыр нывжызоӀэ, дунейр къызэригъэщӀрэ а псоми я лъы уасэр иджырей цӀыхухэм Тхьэм яригъэпшыныжынущ.


– Е-ей, фӀэщхъуныгъэ зимыӀэу, иджырей цӀыху къуаншэхэ, – жиӀащ Хьисэ. – Сыт хуэдизрэ сыфхэтын икӀи фысшэчын хуей? Къашэ мыдэ уи щӀалэр.


Иджырей цӀыхуу Тхьэр зымыщӀэу гуэныхь зыщӀэхэм ящыщу сэрэ си псалъэхэмрэ къыттеукӀытыхь дэтхэнэми сэ, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр, абы сытеукӀытыхьыжынущ. МелыӀыч лъапӀэхэр си гъусэу, си Адэм и щӀыхьышхуэм хуэдэ щӀыхьышхуэ сиӀэу сыкъыщыкӀуэжкӀэ, сытеукӀытыхьыжынущ абы.


Фарисейхэмрэ саддукейхэмрэ ящыщ куэд зрагъэумэхъын щхьэкӀэ къэкӀуауэ щилъагъум, Иуан яжриӀащ: – Фэ, блэ щылъхухэ! Тхьэм и губжьу къэкӀуэнум фыӀэщӀэкӀын гугъэ хэт фэзыгъэщӀар?


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ