Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Лукас 11:19 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

19 НтӀэ, сэ цӀыхухэм жин бзаджэхэр Велзевул и къарукӀэ щахэсхукӀэ, фэ фи цӀыхухэм жин бзаджэхэр зэрыхахужыр хэт и къарукӀэ? Аращи, фэ фи цӀыхухэрщ фызыгъэкъуэншэнур.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

19 Нэхъри, Сэ БэӀэлзэбул и къарукӀэ жинхэр цӀыхухэм къахэсхужмэ, фэ фи гъэсэнхэми абы и къарукӀэ цӀыхухэм жинхэр къыхахужу мэхъу. Мис а фи цӀыхухэм фэ фызэрыщыуэр ӀупщӀ къащӀынущ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Лукас 11:19
10 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

– Гъуазэ, лӀы гуэрым жин бзаджэхэр уэ уи цӀэкӀэ цӀыхухэм яхихуу тлъэгъуащ, – жиӀащ Иуан. – Ар дэ зэрытщымыщым щхьэкӀэ, дгъэувыӀэну дыхэтащ.


Торэт хабзэм къыжиӀэр Торэт хабзэм тет цӀыхухэм зэражриӀэр дощӀэ. Апхуэдэу цӀыху псоми я жьэр яригъэубыда хъуащ икӀи дунейм тет цӀыху псори Тхьэм дежкӀэ къуаншэу къыщӀэкӀащ,


Пщым абы жриӀащ: «Уэ уи псалъэхэмкӀэ узгъэкъуэншэжынщ, унэӀут бзаджэ. Уэ пщӀэрт сэ сызэрылӀы пхъашэри, сымыгъэтӀылъар къызэрысщтэжри, тезмысар къызэрытесхыжри.


Арати, Хьисэ теухуа хъыбарыр Сирие хэку псом щызэлъащӀысащ. Узыфэ зэмылӀэужьыгъуэхэр къызэфыкӀ сымаджэ псори цӀыхухэм къыхуашэрт абы; жин бзаджэм иӀыгъхэри, къэмэххэри, пкъыуэ хъуахэри игъэхъужырт.


ЕджакӀуэр езыгъаджэм хуэдэ хъумэ, ар хурикъунущ, унэӀутри и тепщэм хуэдэ хъумэ, ар хурикъунущ. Унэр зейм ВелзевулкӀэ щеджэкӀэ, унагъуэм исхэми абы нэхъри нэхъ Ӏеиж хужаӀэнкъэ?


Ауэ цӀыхухэм жин бзаджэхэр хахуурэ къэзыкӀухьу щыта журт гупым Хьисэ и цӀэр жаӀэурэ, жин бзаджэхэр цӀыхухэм хахуну щӀэкъурт. – Хьисэу зи хъыбар Паул жиӀэм и цӀэкӀэ мы цӀыхум фыхэкӀыну унафэ фхузощӀ, – жаӀэрт абыхэм.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ