Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Лукас 11:15 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

15 Ауэ абыхэм ящыщ гуэрхэм жаӀащ: – Жин бзаджэхэм я пашэ Велзевул и къарукӀэщ Хьисэ жин бзаджэхэр цӀыхухэм зэрахихур.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

15 АрщхьэкӀэ языныкъуэхэм мыпхуэдэу жаӀащ: – Жин бзаджэхэм я пашэ БэӀэлзэбул и къарукӀэщ Абы жинхэр цӀыхухэм къазэрыхихужыр.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Лукас 11:15
11 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Ауэ фарисейхэм жаӀащ: – Жин бзаджэхэм я пашэм и къарукӀэщ мы лӀым жин бзаджэхэр цӀыхухэм зэрахихур.


– Ар жин бзаджэм иӀыгъщ, жиӀэр ищӀэжыркъым. Сыт абы фыщӀедаӀуэр? – жаӀэрт абыхэм ящыщ куэдым.


Хьисэ ар щыжиӀэм, журтхэм къыпадзыжащ: – Жин бзаджэм узэриӀыгъыр къэтщӀащ иджы. Ибрэхьим лӀащ, бегъымбархэри лӀащ, ауэ уэ «Сэ жысӀэхэр зыгъэзащӀэр игъащӀэкӀэ лӀэжынукъым», жыбоӀэ.


– Самарие цӀыхухэм уащыщщ, жин бзаджэм уиӀыгъщ жыдоӀэ. ЖытӀэр пэжкъэ? – къыжраӀащ журтхэм Хьисэ.


– Жин бзаджэм уиӀыгъщ уэ, – къыжраӀащ цӀыхухэм. – Хэт узукӀыну уи ужь итыр?


ЕджакӀуэр езыгъаджэм хуэдэ хъумэ, ар хурикъунущ, унэӀутри и тепщэм хуэдэ хъумэ, ар хурикъунущ. Унэр зейм ВелзевулкӀэ щеджэкӀэ, унагъуэм исхэми абы нэхъри нэхъ Ӏеиж хужаӀэнкъэ?


Арати, Хьисэ теухуа хъыбарыр Сирие хэку псом щызэлъащӀысащ. Узыфэ зэмылӀэужьыгъуэхэр къызэфыкӀ сымаджэ псори цӀыхухэм къыхуашэрт абы; жин бзаджэм иӀыгъхэри, къэмэххэри, пкъыуэ хъуахэри игъэхъужырт.


Жин бзаджэм иӀыгъ лӀы нэф икӀи бзагуэ гуэр Хьисэ деж къашащ цӀыхухэм. Хьисэ лӀым и бзэр къригъэутӀыпщыжьащ, и нэхэри къригъэплъэжащ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ