Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Лукас 10:34 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

34 бгъэдыхьащ абы, дагъэрэ санэкӀэ еӀэзэри, и уӀэгъэр ипхащ. ИтӀанэ лӀыр къиӀэтщ, езыр зытеса шыдым трилъхьэщ, хьэщӀэщ гуэрым щӀихьэри кӀэлъыплъащ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

34 Ар абы бгъэдыхьэщ, и уӀэгъэхэр санэкӀэ хуитхьэщӀщ, дагъэ хущихуэри, хуипхэжащ. ТхьэмыщкӀэр и шыдым тригъэгъуалъхьэщ, хьэщӀэщ гуэрым ишэри, зыхуей хуигъэзащ итӀанэ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Лукас 10:34
14 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Аращи, «Уи бийр мэжалӀэмэ, гъашхэ, псы хуэлӀэмэ, псы егъафэ; апхуэдэу пщӀымэ, фӀамыщӀ плъахэр бийм и щхьэм теплъхьэнущ».


уи псэупӀэм мамырыгъэр щегъэбыдэ; гуэдзыфӀкӀэ уегъашхэ,


Зыгуэрым и бзаджагъэм бзаджагъэкӀэ премыувыж хэти. Ауэ фэ фӀы зэрызэхуэфщӀэным фыхущӀэкъу, цӀыху псоми фӀы зэрахуэфщӀэнми сыт щыгъуи и ужь фит.


Арати, Мэрием и къуэу и щыпэлъху быныр къилъхуащ икӀи хъыданым кӀуэцӀищыхьащ. Абыхэм хьэщӀэщым пэш нэщӀ зэрыщамыгъуэтам къыхэкӀкӀэ, Ӏуэм ит шхалъэм сабийр дилъхьащ.


Мы цӀыхубзым лъэкӀыр ищӀащ. Абы си пкъым дагъэ къыщихуэри, сызэрыщӀалъхьэжынум сыхуигъэхьэзыращ.


Абыхэм ящыщ зым и къэпыщхьэр щитӀатэм, жэщым зыщагъэпсэхум шыдым Ӏус иритын папщӀэ, къилъэгъуащ езым и дыжьыныр и къэпым зэрилъыр, гъавэм и щӀыӀукӀэ.


Самарие хэкум щыщ лӀы гуэр, а гъуэгум тетурэ, а лӀым деж нэсащ. Щилъагъум, игу щӀэгъури,


И жыпым динаритӀ кърихщ, хьэщӀэщыр зейм иритри, абы етӀуанэ махуэм жиӀащ: «Уэ мы лӀым кӀэлъыплъи, сыт хуэдиз тебгъэкӀуадэми, къыщызгъэзэжкӀэ уэстыжынщ».


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ