Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Лукас 10:2 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

2 Мыпхуэдэу яжриӀащ абыхэм: – Гъавэр куэдщ, ауэ лэжьакӀуэхэр мащӀэщ. Аращи, гъавэр Ӏуахыжын щхьэкӀэ, лэжьакӀуэхэр къигъэкӀуэну гъавэр зейм фелъэӀу.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

2 Хьисэ абыхэм мыр яжриӀащ: – Гъавэр бэв хъуащ, ауэ Ӏузыхыжынухэр мащӀэщ. Аращи, хьэсэр зейм фелъэӀу гъавэр Ӏузыхыжынухэр къигъэкӀуэну.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Лукас 10:2
48 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Ди къуэшхэ, фэ къыфхуэлажьэу, Зиусхьэным и ӀуэхухэмкӀэ тепщэныгъэ къыфхузиӀэ цӀыхуу къывгурызыгъаӀуэхэм щӀыхь яхуэфщӀыну дыныволъэӀу.


– Дуней псор къэфкӀухьурэ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм, – цӀыху псори хъыбарыфӀым* евгъэдаӀуэ.


Уэ, дауэ хъуми, зышыӀэ. Гугъуехь шэчи, хъыбарыфӀыр цӀыхухэм яхуэзыӀуатэм и Ӏуэхур лэжь, Тхьэм уи пщэм къыдилъхьа Ӏуэхур нэсу гъэзащӀэ.


ИкӀэм-икӀэжым, ди къуэшхэ, фи деж зэрыщыхъуам хуэдэу, Зиусхьэным и хъыбарыфӀыр дэнэкӀи цӀыхухэм ялъэӀэсыну икӀи цӀыхухэм а хъыбарыфӀым щӀыхь хуащӀыну Тхьэм фелъэӀу.


Ар зыхуэдэр мыращ: ЛӀы гуэр жыжьэ кӀуэну, унэм щӀокӀ. Езым и Ӏуэху ищӀэну, и унэр унэӀутхэм яӀэщӀелъхьэ хэти, куэбжэм Ӏут хъумакӀуэми мыжейуэ сакъыну унафэ хуещӀ.


Гугъу зедгъэхьурэ куэду дыщӀэлажьэр цӀыху псори, псом япэу фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр, мыкӀуэду къезыгъэл Тхьэуэ гъащӀэ зиӀэм дызэрыщыгугъыр арщ.


– «КӀуэ», къызжиӀащ Зиусхьэным. «Хамэ лъэпкъхэм я деж жыжьэ узгъэкӀуэнущ».


Фызыхуэсакъыж, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм хъумакӀуэу фызыхуигъэува цӀыху гупми фахуэсакъ. Мэлыхъуэм и нэӀэр мэлхэм зэратригъэтым хуэдэу, Зиусхьэнми Тхьэми я члисэ зэхуэсым щыщу, Хьисэ и лъы уасэкӀэ къищэхуахэм фи нэӀэ ятевгъэт.


Варнавэрэ Щаулрэ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм игъакӀуэри, Селевкие къалэм нэсащ. Абдежым кхъухькӀэ щежьэхэри, Кипр хытӀыгум кӀуащ.


Тхьэм елъэӀуурэ, жэщи махуи нэщӀ ису щыщӀадзэм, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм абыхэм къажриӀащ: – Варнавэрэ Щаулрэ сэ зыхуезджа Ӏуэхум щхьэкӀэ къысхуэвгъанэ.


Стефан мывэкӀэ еуэурэ яукӀа нэужь, ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм гугъуехь куэд зэрырагъэшэчам къыхэкӀкӀэ, ахэр зэбгрыкӀащ. Хьисэ теухуа хъыбарыфӀыр журтхэм фӀэкӀа зыми хуамыӀуатэурэ, Финикие хэкуми, Кипр хытӀыгуми, Антиохие къалэми нэс кӀуащ ахэр.


ЗэбгрыкӀа цӀыхухэм къакӀухьурэ, хыбарыфӀыр яӀуатэрт.


Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀыр зэхуишэсри, цӀыхухэм жин бзаджэхэр хахужыну, я узыфэхэри ягъэхъужыну къарурэ тепщэныгъэрэ яритащ.


Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр ежьауэ, Тхьэм и псалъэхэм цӀыхухэр дэнэкӀи щрагъэдаӀуэрт. Абыхэм къадэӀэпыкъуурэ, нэщэнэ гъэщӀэгъуэну езым и псалъэхэм дыщӀигъуу щытахэмкӀэ Зиусхьэным а псалъэхэр игъэщыпкъащ. Ӏэмин.


– Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр зыхуэдэр мыращ. Жызум хадэ зиӀэ гуэрым и жызум хадэм щигъэлэжьэн лэжьакӀуэхэр къилъыхъуэну пщэдджыжьым жьыуэ дэкӀащ.


Абы нэмыщӀу, Епафродит ныфхуэзгъэкӀуэжын хуейуэ солъытэ. Ар дэ ди къуэшщ, абырэ сэрэ дызэдэлэжьащ, хъыбарыфӀми дызэгъусэу дыхущӀэкъуащ. ДэӀэпыкъуэгъу сыхуэныкъуэ щыхъум, къыскӀэлъыплъын щхьэкӀэ ар лӀыкӀуэ къысхуэфщӀащ.


ЦӀыху псори езыхэм я Ӏуэхухэм я ужь итщ, Хьисэ Мэссихь игъуэу илъытэ Ӏуэхухэм я ужь иткъым.


Япэрауэ члисэ зэхуэсым хуэлэжьэну Тхьэм цӀыху гуэрхэр апостолу игъэуващ. ЕтӀуанэрауэ, цӀыху гуэрхэри бегъымбару игъэуващ. Ещанэрауэ, цӀыху гуэрхэми адрей цӀыхухэм Ӏуэхухэр ирагъэщӀэну игъэуващ. Ӏуэху телъыджэхэр ящӀэну цӀыху гуэрхэри игъэуващ. Сымаджэхэр ягъэхъужын щхьэкӀэ, лъэкӀыныгъэхэр яӀэну цӀыху гуэрхэр игъэуващ итӀанэ. НэгъуэщӀхэри адрей цӀыхухэм дэӀэпыкъуэгъу яхуэхъуну, нэгъуэщӀхэри унафэщӀу лэжьэну, нэгъуэщӀхэри езыхэм ямыщӀэ бзэхэмкӀэ псэлъэну игъэуващ.


Ар згъэзэщӀэн щхьэкӀэ, Мэссихь къысхилъхьа лъэкӀыныгъэ инымкӀэ хуабжьу солажьэ икӀи сыщӀокъу.


Мэссихь и Ӏуэхум щхьэкӀэ ар лӀэныгъэм и гъунэгъу хъуауэ щытащ. Фэ къысхуэфщӀэн флъэмыкӀа Ӏуэхур къысхуищӀэн щхьэкӀэ, и псэм щымысхьу, лӀэныгъэм и гъунэгъу хъуащ ар.


Мэссихь Тхьэм и унагъуэр зи ӀэмыщӀэ илъ Къуэщ. Дигу дымыгъэныкъуэу, дызэрыгуфӀэу икӀи дызыщыгугъыу дызыпэплъэ Ӏуэхум и кӀэм нэсыху дыхуэпэжмэ, дэри абы и унагъуэм дыщыщщ.


Ди къуэшхэ, куэду дызэрылажьэу щытари, гугъуехь ттелъу дылажьэу зэрыщытари фи гум къэвгъэкӀыж. Фэ фщыщ зыми хьэлъэ дытемыхъуэн щхьэкӀэ, Тхьэм деж къикӀ хъыбарыфӀыр щыфхуэтӀуатэм, жэщи махуи дылэжьащ.


Епафрасу фи цӀыхухэм ящыщу Хьисэ Мэссихь хуэлажьэм фӀэхъус къывехыж. Ар Тхьэм пэжкӀэ фхуелъэӀу зэпытщ, Тхьэм и гъуэгум быдэу фытригъэтын, сыт и лъэныкъуэкӀи езыр зыхуей Ӏуэху псори зыхуэдэр нэсауэ къывгуригъэӀуэн папщӀэ.


Дэ, Тхьэм дэлажьэхэр, Тхьэм и нэфӀ пщӀэншэу къыфщыхуауэ къызэрыщӀэмыкӀыным фыхуэсакъыну дыныволъэӀу.


Ауэ Тхьэм и нэфӀ къызэрысщыхуам къыхэкӀкӀэ иджы сызэрыщытым хуэдэ сыхъуащ. И нэфӀ къызэрысщыхуар пщӀэншэ хъуакъым. Адрей псоми нэхърэ нэхъ куэдрэ сылэжьащ, ауэ сэракъым лэжьар, Тхьэм и нэфӀ къысщыхуэри сигъэлэжьащ.


Сэ сы-Паулщ. Хьисэ Мэссихь сызэрыхуэлажьэм щхьэкӀэ, лъэхъуэщым сыщӀадзауэ сыщӀэсщ. ФӀыуэ тлъагъуу, къыддэлажьэ Филимон, члисэ зэхуэсым щыщу уи унэм щызэхыхьэхэм,


Сэ нэщӀ сисурэ, сызыгъэикӀэм саубащ;


Ефес къалэм щыӀэ члисэ зэхуэсым и мелыӀычым мы хъыбарыр хуэтх: Зи Ӏэ ижьымкӀэ вагъуибл зыӀыгъыу, дыщэм къыхэщӀыкӀа уэздыгъэ тегъэувапӀиблым яхэту къэзыкӀухьым мы псалъэхэр жеӀэ:


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ