Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Лукас 1:6 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

6 Тхьэуэ Зиусхьэным дежкӀэ щыпкъагъэ ягу илъу, абы и унафэхэмрэ и хабзэхэмрэ тету, щӀагъэкъуэншэн лъэпкъ ямылэжьу псэурт тӀури.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

6 Зиусхьэну Тхьэм и пащхьэм цӀыху щыпкъэу итт тӀури, Абы и хабзэхэмрэ и унафэхэмрэ ядэбгъуэн щымыӀэу ягъэзащӀэу.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Лукас 1:6
33 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

ЖриӀащ Зиусхьэным Нухь: – Фихьэ уэри уи унагъуэри кхъухьым; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ уэращ Си дежкӀэ пэжыгъэ зезыхьэу нобэрей цӀыхухэм яхэслъэгъуар.


Ибрам илъэс бгъущӀрэ бгъурэ щыхъум, Зиусхьэныр абы къыхуэлъагъуэри, къыжриӀащ: – Псори зыхузэфӀэкӀ Тхьэр Сэращ; щыпкъагъэ уиӀэу щыпсэу Си пащхьэ икӀи лажьэ зыри зыхуумыгъэху.


къуаншагъэ лъэпкъ фэ вбгъэдэмылъын икӀи гукъабзагъэ фиӀэн щхьэкӀэ. Апхуэдэу щыхъукӀэ, зыми фызэригъэкъуэншэн лъэпкъ щымыӀэу, цӀыху ерыщу икӀи къуаншэхэм фахэтми, Тхьэм фрибынынущ.


Аращи, Тхьэми цӀыхухэми я дежкӀэ гукъабзагъэкӀэ, мыхъумыщӀэ лъэпкъ зыдэзмыщӀэжу, сызэрыпсэуным сыт щыгъуи сыхущӀокъу.


Ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и цӀыху лъапӀэ псори и гъусэу мы дунейм къыщыкӀуэжкӀэ, зыми фызэригъэкъуэншэн лъэпкъ щымыӀэу, гукъабзагъэкӀэ Тхьэуэ ди Адэ лъапӀэм и пащхьэм фиувэн щхьэкӀэ, фи гур ирегъэбыдэ.


Тхьэр зэрытщӀэр пэжу къэзыгъэнаӀуэр абы и унафэхэр зэрыдгъэзащӀэр арщ.


Аращи, фӀыуэ слъагъухэ, абыхэм фызэрыпэплъэм щхьэкӀэ, лажьэ зыри фимыӀэу, зыми фызэригъэкъуэншэн лъэпкъ щымыӀэу икӀи гузэгъэгъуэ фиӀэу Тхьэм и пащхьэм фызэрихьэным и ужь фит.


Фэ, си бынхэм хуэдэхэ, зыми зыкъевмыгъэгъапцӀэ. Щыпкъагъэр зылэжьым и гум щыпкъагъэр илъщ, Мэссихь и гум щыпкъагъэр зэрилъым хуэдэу.


Мэссихь щыпкъагъэр игу зэрилъыр зэрыфщӀэм щхьэкӀэ щыпкъагъэр зыгъэзащӀэр Тхьэм зэрибынри фощӀэ.


Ау иджы лымрэ лъымрэ къахэхъукӀа пкъы иӀауэ, Мэссихь зэрылӀамкӀэ Тхьэм езым фызригъэкӀужащ. Ар щӀищӀар фигухэр къабзэу, къуаншагъэ зыри фимыӀэу, зыми фызэригъэкъуэншэн лъэпкъ вбгъэдэмылъу, Тхьэм езым и пащхьэм фригъэувэн щхьэкӀэщ.


Мыращ дызэрыпагэр: Хьилагъэ лъэпкъ ди гум имылъу, Тхьэм и гум ирихь мурад къабзагъэ диӀэу мы дунейм, псоми япэу фи деж, дызэрыщыпсэуамкӀэ ди гур щыхьэт мэхъу. Тхьэм и нэфӀ къызэрытщыхуам папщӀэ апхуэдэу дыпсэуащ, ахъумэ мы дунейм тет цӀыхухэм я акъылыфӀагъэу жыхуаӀэм и хьэтыркӀэкъым.


ЖысӀа псори фи гум къызэрывгъэкӀыжым щхьэкӀи, фэзгъэщӀа Ӏуэхухэм фызэратетым щхьэкӀи фӀыщӀэ фхузощӀ.


Паул и нэхэр Тхьэмадэ Хасэшхуэм щыщхэм ятриубыдэри, яжриӀащ: – Си къуэшхэ, нобэр къыздэсым Тхьэм и пащхьэм гукъабзагъэкӀэ ситщ, мыхъумыщӀэ лъэпкъ зыдэзмыщӀэжу.


Мамырыгъэр зылъагъу мыхъухэм куэдыщэрэ садэпсэуащ.


Мис Нухь и хъыбарыр: Нухь мыхъумыщӀагъэ лъэпкъ зыхэмылъ цӀыху пэжу а зэманым псэу цӀыхухэм яхэтащ; щыпкъагъэкӀэ Тхьэм хуэпсэущ Нухь.


Хьисэ абыхэм яжриӀащ: – Фэ цӀыхухэм я пащхьэм щыпкъагъэ фигу илъ хуэдэу фэ зыщытывогъауэ, ауэ фэ фи гум илъыр Тхьэм ещӀэ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыхухэм ягъэлъапӀэ Ӏуэхугъуэхэр Тхьэм дежкӀэ пуд дыдэщ.


Бын яӀакъым, Елизавет фыз мылъхуэт, тӀури ныбжькӀэ хэкӀуэтати.


СимеонкӀэ зэджэ лӀы гуэр Ерусалим дэсащ абы щыгъуэ. Ар щыпкъагъэри Тхьэм и фӀэлӀыкӀыри зигу илъ цӀыхут. Израил и гукъеуэр Тхьэм ящхьэщихыным пэплъэрт ар. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэри и гум илът абы.


Хьисэ теухуауэ Даут бегъымбарым мыпхуэдэу жиӀащ: «Зиусхьэныр си пащхьэм иту слъагъу зэпыту щытащ. ЗыкӀи симыгъэгузэвэн щхьэкӀэ, ар си ижьырабгъумкӀэ къыщытщ.


– Уэ уи гур Тхьэм дежкӀэ щыпкъэу зэрыщымытым къыхэкӀкӀэ, мы Ӏуэхум ущыщкъым, уи Ӏыхьи хэлъкъым.


Тхьэм апхуэдэу щӀищӀар дэ ди гуэныхьыщӀэ щэныжьым и гъуэгу дримыкӀуэу, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и гъуэгу ирикӀуэ цӀыхухэм щыпкъагъэр дгъэзэщӀэну арщ, щыпкъагъэр дгъэзэщӀэн хуейуэ Торэт хабзэм зэритым хуэдэу.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ