Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Лукас 1:3 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

3 Аращи, сэри мы къэхъукъащӀэ Ӏуэху псори я щӀэдзапӀэм къыщегъэжьауэ сыхуэсакъыурэ згъэунэхуа нэужь, уэ, щӀыхь зыхуэфащэ Феофил, зэкӀэлъыкӀуэу пхуэстхын мурад сщӀащ,

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

3 Арати, сэри а Ӏуэхугъуэхэм я щӀэдзапӀэ дыдэм щезгъажьэри, къанэ щымыӀэу псори щызэхэзгъэкӀым, зи пщӀэр лъагэ Теофил, хъыбарыр зэкӀэлъыкӀуэу ныпхуэстхыну мурад сщӀащ,

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Лукас 1:3
17 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Феофил лъапӀэ, япэ дыдэм къыщыщӀэдзауэ Тхьэм Хьисэ уафэм щыдришеижа махуэм нэсыху, Хьисэ илэжьа Ӏуэху псори икӀи цӀыхухэм яригъэщӀа Ӏуэху псори си япэ тхылъым итщ. Тхьэм уафэм дришеижын и пэкӀэ Хьисэ къыхиха апостолхэм Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ унафэхэр яхуищӀащ.


– Сэ си щхьэр зэкӀуэкӀакъым, щӀыхь зыхуэфащэ Фест, – жиӀащ Паул, – сэ жысӀэр псалъэ пэжщ, псалъэ захуэщ.


Аращи, сыт щыгъуи, дэнэ дыщыӀэми, фӀыщӀэ пхудощӀ.


«Сэ, Клаудий Лисий, щӀыхь зыхуащӀ Феликс Ӏэтащхьэм фӀэхъус узох.


Петр Ӏуэхур зэрекӀуэкӀар чэзу-чэзууэ къагуригъаӀуэу щӀидзащ итӀанэ:


Екъуб мыри къыщӀигъужащ: – Аращи, сэ сызэригугъэмкӀэ, хамэ лъэпкъ щыщу Тхьэм и гъуэгу техьэхэм гугъуехь ятелъхьэн хуейкъым.


Ди къуэш Аполлос теухуауэ мыр нывжызоӀэ. Къуэшхэм я гъусэу фи деж нэкӀуэну куэду селъэӀуащ. Ауэ иджыпстукӀэ нэкӀуэну хуеякъым. И Ӏуэху щрихьэлӀэ, нэкӀуэнущ.


Сэ сызэреплъымкӀэ, дэмыкӀуэжмэ, нэхъ сыхьэт махуэ ежьащ – Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр сэ си гум илъущ апхуэдэу сызэреплъыр.


Абы щыгъуэ Уи гуапэ хъунщ щыпкъагъэкӀэ пхуащӀ къурмэнхэр, зэрыпсэууэ ягъэс къурмэнхэр, Абы щыгъуэ къытралъхьэнщ уи къурмэнщӀыпӀэм танэхэр.


ФызэдэӀуэн хуей мы унафэхэм нэмыщӀ, нэгъуэщӀ хьэлъэ фтедмылъхьэну Тхьэм и Псэ ЛъапӀэмкӀи дэркӀи тфӀэигъуэщ.


Аращи, дэ дызэхуэсри, цӀыху гуэрхэр хэтхыу, дэ фӀыуэ тлъагъу Варнавэрэ Паулрэ я гъусэу ныфхуэдгъэкӀуэну дызэгурыӀуащ.


Ди пащхьэм щекӀуэкӀа Ӏуэхухэм я хъыбар ятхыжыным цӀыху куэд хэтащ.


Сэ жысӀащ: Зиусхьэн! ГущӀэгъу къысхуэщӀ, сыгъэхъужь, сэ Уи пащхьэ гуэныхь щызлэжьащ.


Антиохие тӀэкӀурэ дэса нэужь, Паул гъуэгум техьэжри, ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ псоми ягухэр игъэбыдэрэ игъэгушхуэу, хэкухэу Галатиерэ Фригиерэ къызэхикӀухьащ чэзу-чэзууэ.


Мы Ӏуэхухэр ди къуэшхэм ягурыбгъаӀуэмэ, фӀэщхъуныгъэм и псалъэхэмкӀи ди фӀэщхъуныгъэм дигъащӀэ, узытет ӀуэхуфӀхэмкӀи лъэкӀыныгъэ зэбгъэгъуэтурэ, Хьисэ Мэссихь фӀыуэ хуэлажьэхэм уащыщщ итӀанэ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ