Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Лукас 1:15 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

15 Тхьэуэ Зиусхьэным дежкӀэ ар цӀыхушхуэ хъунущ, санэрэ зыгъэудэфэн фадэрэ ефэнукъым икӀи и анэм и ныбэм щилъам щыщӀэдзауэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр и гум куууэ хыхьэнущ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

15 Сыту жыпӀэмэ Зиусхьэным и пащхьэм цӀыху щэджащэу итынущ ар, сани нэгъуэщӀ фади ефэнукъым. И анэм и ныбэм щилъыну зэманым щыщӀэдзауэ, Тхьэм и Псэр и гум хыхьауэ щытынущ ар.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Лукас 1:15
22 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Фадэм зевмыгъэгъэудафэ. Абы къыхэкӀыр мыхъумыщӀэ псэукӀэщ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр нэгъэсауэ фи гум ивгъэлъ.


Ауэ си анэм и пкъым силъу Тхьэм сыкъыхихащ. И нэфӀ щыхуэныгъэкӀи и бынхэм ящыщ сыхъуну сыкъыхуриджащ. ИтӀанэ и Къуэм теухуа хъыбарыфӀыр хамэ лъэпкъхэм ялъэзгъэӀэсын щхьэкӀэ, и Къуэр сигъэлъагъуну Тхьэм игъуэу щилъытэм, зы цӀыху чэнджэщэгъу сщӀакъым.


Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр а псоми я гум хуабжьу хыхьэри, хамэбзэхэмкӀэ псалъэу щӀадзащ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм къызэригъэпсэлъам хуэдэу.


– Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ умэхъакӀуэ Иуан къэкӀуащ. Абы щӀакхъуэ ишхыркъым, фади ефэркъым. «Ар жин бзаджэм иӀыгъщ», жывоӀэ.


– Сэ нывжызоӀэ, цӀыхубзхэм къалъхуахэм щыщу умэхъакӀуэ Иуан нэхърэ нэхъ лъапӀэ щыӀэкъым. Апхуэдэу щыт пэтми, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀэт цӀыхухэм я нэхъ цӀыкӀури Иуан нэхърэ нэхъ лъапӀэщ.


Ауэ абы и адэм ар имыдэу жиӀащ: – СощӀэ, си къуэ, сощӀэ. Абы къытехъукӀынущ лъэпкъ, ар хъунущ лъэпкъ ин дыдэ; ауэ абы и къуэш нэхъыщӀэр хъунущ абы нэхърэ нэхъ ин, абы лъэпкъыу къытехъукӀынури лъэпкъ бжыгъэншэщ.


ИтӀанэ Сэ къыптезгъэхъукӀынущ лъэпкъ ин дыдэ, си нэфӀ пщыхуэнущ, уи цӀэри згъэлъэгэнущ; Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэр зыбгъэдэкӀынури уэращ!


Иуан нэху идзу блэ уэздыгъэм хуэдэт. Абы и нэхум тэлайкӀэ фригуфӀэну фыхуеящ.


Абы гуфӀэгъуэшхуэрэ насыпышхуэрэ къыпхудэкӀуэнущ, ар къызэралъхуам щхьэкӀэ цӀыху куэд гуфӀэнущ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ