Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Иуан 9:7 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

7 Нэфым жриӀащ итӀанэ: – Силоам псыхъурей зыгъэпскӀыпӀэм кӀуэи, абы зыщытхьэщӀ. – (Силоамым къикӀыр «ЯгъэкӀуар» жиӀэу арщ.) Нэфыр кӀуащ, зитхьэщӀыжри, и нэр къэплъэжауэ къэкӀуэжащ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Иуан 9:7
21 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

– А нэфым и нэхэр къэзыгъэплъэжам Лазари имыгъэлӀэн хузэфӀэкӀынтэкъэ? – жаӀащ абыхэм ящыщ гуэрхэм.


– Хьисэ зи цӀэ лӀым ятӀэ зэхищӀащ, а зэхищӀар си нэхэм къыщихуэри, къызжиӀащ: «Силоам псыхъурей зыгъэпскӀыпӀэм кӀуэи, зыщытхьэщӀ». СыкӀуэри, зыщыстхьэщӀым, си нэхэр къэплъэжащ, – жиӀащ а лӀым.


Ахэр кӀыфӀыгъэм къыхэкӀыу, нэхугъэм зыкъыхуагъэзэн икӀи шейтӀаным и тепщэныгъэм къыщӀэкӀыу, Тхьэм и ӀэмыщӀэ зралъхьэн щхьэкӀэ, я нэхэр къэбгъэплъэжыну, абыхэм я деж узогъакӀуэ. СэркӀэ фӀэщхъуныгъэ зэраӀэм щхьэкӀэ гуэныхьу ящӀар къахуэгъунущ итӀанэ икӀи Тхьэм и ӀэмыщӀэ зезылъхьа цӀыхухэм ӀыхьэфӀу къалъысынур абыхэми къалъысынущ».


Уафэм пшэ къытрегъэхьэ Абы, уэшхыр щӀым щхьэкӀэ къегъэхьэзыр, Ӏуащхьэхэм удз къыщегъэкӀ;


Е Силоам зи цӀэ щӀыпӀэм ит бэтэгъейр къызэтеуэу щӀипӀытӀа цӀыху пщыкӀуийр Ерусалим дэс цӀыху псоми нэхърэ нэхъ къуаншэу фи гугъэ?


Ауэ пӀалъэр нэса нэужь, Тхьэм езым и Къуэр къигъэкӀуащ. Ар цӀыхубзым къыщӀэхъуащ, Торэт хабзэм и тепщэныгъэм щӀэтащ.


Дэ ди гуэныхьыщӀэ щэныжьым и бзаджагъэм щхьэкӀэ Торэт хабзэм хузэфӀэмыкӀар Тхьэм ищӀащ. Езым и Къуэм гуэныхьыщӀэ цӀыхухэм я пкъым хуэдэ пкъы иӀэу, гуэныхьхэм щхьэкӀэ къурмэныпхъэ хъуну Тхьэм къигъэкӀуащ, апхуэдэуи а пкъымкӀэ гуэныхьыр игъэкъуэншащ.


Аращи, сэ, Адэ лъапӀэм къигъэувауэ, мы дунейм къигъэкӀуам, «Сэ Тхьэм сри-Къуэщ» зэрыжысӀам щхьэкӀэ, дауэ «Уэ Тхьэр уогъэпцӀ» къызжефӀэн флъэкӀрэ?


– Зымылъагъухэм ялъагъу хъуну, зылъагъу зи гугъхэм ямылъагъу хъун щхьэкӀэ, цӀыхухэм хьэкум ятесщӀыхьыну сэ мы дунейм сыкъытехьащ, – жиӀащ Хьисэ.


Ар хамэ лъэпкъхэм щыпкъагъэ езыгъащӀэ нэхурщ, Израил уи лъэпкъыр щӀыхьышхуэ иӀэу зыщӀынури арщ».


Нэфхэр къоплъэж, лъашэхэр тэрэзу зекӀуэ, уэшын уз зэфыкӀхэр узыншэ, дэгухэм зэхах мэхъуж, лӀахэр къотэджыж, тхьэмыщкӀэхэм хъыбарыфӀыр къалъоӀэс.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ