6 Ар жиӀэри, Хьисэ щӀым теубжьытхащ, ӀупсымкӀэ ятӀэ зэхищӀэри, а зэхищӀар нэфым и нэхэм щихуащ.
Хьисэ нэфым и Ӏэр иубыдри, жылэм дишащ. Нэфым и нэхэм щӀэубжьытхэщ, и Ӏэхэр трилъхьэри, абы еупщӀащ Хьисэ: – Зыгуэр плъагъурэ?
Хьисэ а лӀыр цӀыхухэм яхишри, я закъуэ щыхъум, и Ӏэпхъуамбэхэр лӀым и тхьэкӀумэхэм ириӀущ, убжьытхэри, лӀым и бзэгум теӀэбащ.
Аращи, бей фыхъун щхьэкӀэ, мафӀэкӀэ гъэкъэбзэжа дыщэ си деж щыфщэхуну чэнджэщ фызот. ФызэрыпцӀанэщи, фымыукӀытэн щхьэкӀэ, щыгъын хужьхэри къэфщэху. Фи нэхэми ялъагъун щхьэкӀэ, ящыфхуэну дагъэри къэфщэху.
– Хьисэ зи цӀэ лӀым ятӀэ зэхищӀащ, а зэхищӀар си нэхэм къыщихуэри, къызжиӀащ: «Силоам псыхъурей зыгъэпскӀыпӀэм кӀуэи, зыщытхьэщӀ». СыкӀуэри, зыщыстхьэщӀым, си нэхэр къэплъэжащ, – жиӀащ а лӀым.