41 – Фэ нэфу фыщытатэмэ, гуэныхь фтелъынтэкъым, ауэ «Долъагъу» жывоӀэри, фи гуэныхьыр къыфтонэ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.
– Сэ нывжызоӀэ, япэ лӀым хуэмыдэу, мы лӀыр Тхьэм дежкӀэ щыпкъагъэ игу илъу унэм кӀуэжащ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зи щхьэ зыгъэин дэтхэнэри Тхьэм игъэлъэхъшэнущ, зи щхьэр зыгъэлъахъшэр Тхьэм игъэинынущ.
Щыпкъагъэр зэдгъэщӀауэ, итӀани дэ тфӀэфӀу гуэныхь щӀэным дыхэтмэ, ди гуэныхьхэр тщхьэщызыхыфын къурмэныпхъэ щыӀэжкъым,
– И тепщэр зыхуейр ищӀэу щыта пэтми, зызымыгъэхьэзыра е тепщэр зыхуейр зымыгъэзэщӀа унэӀутым удын куэд къытехуэнущ.
Аращи, фӀыуэ илэжьын хуейр къыгурыӀуэ пэтми, зымылэжьым гуэныхь ещӀэ.