4 – Сэ сыкъэзыгъэкӀуам и Ӏуэхухэр злэжьын хуейщ махуэ щӀыкӀэ. Жэщ хъунущ. Жэщ щыхъукӀэ, зыми зыри ищӀэн лъэкӀынукъым.
– Нэхур зы тэлайкӀэ къыфхэтынущ иджыри, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм. – КӀыфӀыгъэм фыхимыубыдэу нэхур фыхэтыху, фызекӀуэ. КӀыфӀыгъэм хэту зекӀуэм здэкӀуэр ищӀэркъым.
Игъуэр блэвмыгъэкӀ, мы махуэхэр махуаещи.
– Сэ си шхыныгъуэр сыкъэзыгъэкӀуар зыхуейр злэжьыну, абы и Ӏуэхур нэзгъэсыну аращ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.
Аращи, Ӏэмал дгъуэтыху къэс цӀыху псоми фӀы яхуэдвгъащӀэ, фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм я унагъуэм щыщхэр арщ псом япэу фӀы зыхуэтщӀэн хуейр.
Злэжьын щхьэкӀэ сипщэ къиплъхьа Ӏуэхухэр згъэзащӀэурэ, уэ уи щӀыхьышхуэр дунейм и цӀыхухэм езгъэлъэгъуащ.
Игъуэр блэвмыгъэкӀыу, фэ къыфщымыщ цӀыхухэм акъылыфӀагъэкӀэ фахущыт.
– Иуан щыхьэтыгъэу къысхуиӀам нэхърэ нэхъ щыхьэтыгъэшхуэ сиӀэщ. Сэ злэжьын хуей Ӏуэхуу Адэ лъапӀэм си пщэм къыдилъхьар солэжь. А Ӏуэхухэращ Адэ лъапӀэм сыкъызэригъэкӀуамкӀэ щыхьэт къыстехъуэр.
Ауэ Хьисэ яжриӀащ: – Си Адэм къыбгъэдэкӀыу Ӏуэху телъыджэ Ӏэджэ фэзгъэлъэгъуащ. МывэкӀэ фыкъызэуэурэ абыхэм ящыщу дэтхэнэра сыщӀэвукӀынур?
Си Адэм и Ӏуэхухэр сымылэжьмэ, сэркӀэ фӀэщхъуныгъэ зивмыгъэӀэ.
Дэ Ӏуэхуу тлъэгъуамрэ зэхэтхамрэ дымыӀуэтэжу хъунукъым.
– Пэж дыдэр нывжызоӀэ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм, – Къуэ лъапӀэм езыр-езыру зыри хузэфӀэкӀыркъым. Адэ лъапӀэм илэжьыу илъагъум фӀэкӀа, нэгъуэщӀ зыри илэжьын хузэфӀэкӀыркъым. Адэ лъапӀэм илэжьыр абы и Къуэми елэжь.
Ауэ Хьисэ жиӀащ: – Сэ мащӀэщ сызэрыфхэтынур, сыкъэзыгъэкӀуам и деж сыкӀуэжынущ итӀанэ.
– «Ӏуэху дэзыгъэлэжьын дгъуэтакъым», къыжраӀащ абыхэм. – «Фэри фыкӀуи, си жызум хадэм фыщылажьэ. Къэвлэжьыр фэстынщ», яжриӀащ абы.
Хьисэ зи Ӏэ гъуа лӀым жриӀащ: – Къэтэджи, мы утыкум къиувэ.