Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Иуан 9:34 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

34 – Уэ гуэныхьыщӀэ зэфэзэщу укъалъхуащ, – жэуап къратащ абыхэм. – Уэ дэ дыбгъэсэжыну ара? Синэгуэгум къыщӀахужащ ар итӀанэ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Иуан 9:34
34 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

ЛӀым и адэ-анэм ар щӀыжаӀар журтхэм ящышынэрти, аращ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Хьисэ Мэссихьу зылъытэ дэтхэнэри синэгуэгум щӀахуну журтхэр зэгурыӀуат.


И гъуэгу ирикӀуэхэр Хьисэ къеупщӀащ: – Равви, мы лӀыр нэфу къалъхун щӀэхъуар хэт зи лажьэр, езыра хьэмэ и адэ-анэра?


Пэжыр нывжызоӀэ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр сабийм къызэрищтэм хуэдэу къэзымыщтэр а тепщэныгъэшхуэм щӀыхьэнукъым.


ФӀым нэхъ бзаджагъэр уигу нэхъ ирохь, пэж пӀуэтэным нэхърэ пцӀыр уэ нэхъ къыбощтэ.


– КъакӀуэ мыдэ, зыӀуегъэх, – жаӀащ абыхэм. – Мис хэхэсыр, ар хуейуэ ара хьэкум ищӀэну? Иджы дэ уэ уэтщӀэнщ абыхэм етщӀэнум нэхърэ нэхъ Ӏей. ИтӀанэ икъукӀэ къебгъэрыкӀуащ а цӀыхум, ЛутӀ, бжэми къыбгъэдыхьащ ахэр, ар хакъутыкӀын я мураду.


А дамыгъэр темыдзамэ, зыми зыри ищэну икӀи къищэхуну хуиту щытакъым. А дамыгъэм хьэщхьэвылъэм и цӀэр е и цӀэм и бжыгъэр тетт.


Члисэ зэхуэсым тхылъ хуэстхащ, ауэ Диотрефу абыхэм пашэ яхуэхъуну хуейм дидэркъым.


Фэ, ныбжьыщӀэхэри, нэхъыжьхэм фахуэӀурыщӀэ. Пагагъэ фи гум имылъу фызэхущыт, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ «Тхьэр поув пагагъэ зи гум илъ цӀыхум, и нэфӀ щохуэ пагагъэ зи гу имылъым».


Дэ псори а цӀыхухэм дахэту, ди гуэныхьыщӀэ щэныжьыр зыщӀэхъуэпсу щыта Ӏуэху мыхъумыщӀэхэм тету дыпсэуащ. Ди гуэныхьыщӀэ щэныжьымрэ ди гупсысэхэмрэ зыщӀэхъуэпсу щытар дгъэзащӀэу щытащ. Ди щэныжьым уеплъмэ, нэгъуэщӀ цӀыхухэми хуэдэу, дэри Тхьэм и губжьым и тепщэныгъэм дыщӀэтащ.


Члисэ зэхуэсым щымыщхэм Тхьэм хьэкум ятрищӀыхьынущ. Аращи, «ЦӀыху бзаджэр зыхэвгъэкӀ».


Хьисэ и гъуса фарисейхэм а псалъэр щызэхахым, къеупщӀащ: – Дэри дынэфу ара-тэ?


А лӀыр синэгуэгум къызэрыщӀахуар Хьисэ зэхихащ, абы щыӀущӀэм мыр жриӀащ: – Тхьэм и КъуэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ уиӀэ?


Фэ фи адэм игъэзащӀэ Ӏуэхухэр фэри фогъэзащӀэ. – Дэ зинэкӀэ дыкъалъхуакъым, – къыжраӀащ Хьисэ. – Адэ закъуэу диӀэр Тхьэр аращ.


Адэ лъапӀэм къызит цӀыху псори си деж къэкӀуэнущ, си деж хэт къакӀуэми, сэ збгъэдэзгъэкӀыжынукъым.


зи щхьэ зыгъэин дэтхэнэри Тхьэм игъэлъэхъшэнущ, зи щхьэр зыгъэлъахъшэр Тхьэм игъэинынущи.


Торэт егъэджакӀуэ пашэхэм ящыщ гуэрым Хьисэ къыжриӀащ: – Дин егъэджакӀуэ, ар щыжыпӀэкӀэ дэри ди жагъуэ уощӀ.


Гъуэгу махуэ фытеуващ, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм и гъуэгу фызэрырикӀуэм щхьэкӀэ цӀыхухэр фэ жагъуэгъу къыфхуэхъумэ, фызыхагъэкӀмэ, къыфхуэхъущӀэмэ, икӀи фи цӀэр ягъэпудмэ.


Аращи, сынакӀуэмэ, абы ищӀэ Ӏуэхухэр къэзгъэнэхуэнущ, ар псалъэ дыджкӀэ къызэрыттепсэлъыхьым щхьэкӀэ. Абы къыщымынэу, къуэшхэр иригъэблэгъэн идэркъым, езыгъэблэгъэну хуейхэми яхуимыдэу япоув икӀи члисэ зэхуэсым яхехуж.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ