30 – Ар къыздикӀар зэрывмыщӀэр гъэщӀэгъуэнщ, апхуэдэу щыт пэтми, си нэхэр къигъэплъэжащ, – къажриӀащ а лӀым.
Абыхэм я пащхьэм апхуэдиз нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэр Хьисэ къыщигъэлъэгъуа пэтми, итӀани абыкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуакъым.
– Уэ израил дин егъэджакӀуэхэм уащыщщ, ар умыщӀэу ара? – жэуап иритащ Хьисэ.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ «КӀыфӀыгъэм нэху къыхрекӀ», жызыӀа Тхьэм и нэхур ди гум къридзащ. А нэхум Тхьэм и щӀыхьышхуэу Мэссихь и нэгум къищыр зыхуэдэр дегъащӀэ.
– Вгъэзэжи, – яжриӀащ Хьисэ лӀыкӀуэхэм, – флъэгъуамрэ зэхэфхамрэ Иуан хуэфӀуэтэж: Нэфхэр къоплъэж, лъашэхэр тэрэзу зекӀуэ, уэшын уз зыпкърытхэр узыншэ, дэгухэм зэхах мэхъуж, лӀахэр къотэджыж, тхьэмыщкӀэхэм хъыбарыфӀыр къалъоӀэс.
Нэфхэр къоплъэж, лъашэхэр тэрэзу зекӀуэ, уэшын уз зэфыкӀхэр узыншэ, дэгухэм зэхах мэхъуж, лӀахэр къотэджыж, тхьэмыщкӀэхэм хъыбарыфӀыр къалъоӀэс.
Абыхэм я фӀэщмыхъуныгъэр игъэщӀэгъуащ Хьисэ. Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм яригъащӀэурэ, Хьисэ жылэ гъунэгъухэр къызэхикӀухьырт.
Хьисэ яжриӀащ итӀанэ: – Тхьэм и псалъэу тхахэм мыпхуэдэу зэрыхэтым феджакъэ? «УхуакӀуэхэм зрамыпэсу хыфӀадзэжа мывэр унэр зытезыӀыгъ мывэ лъабжьэ хъуащ. Мыр Зиусхьэным къыбгъэдэкӀ Ӏуэхущ, икӀи ар дэ тфӀэтелъыджэщ».
Мусэ бегъымбарым Тхьэр къызэрепсэлъар дощӀэ, ауэ мы лӀыр къыздикӀар тщӀэркъым.
– Дэ дощӀэ Тхьэр гуэныхьыщӀэ цӀыхухэм зэремыдаӀуэр, Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зи гум илъу, Тхьэм игъуэу илъытэ Ӏуэхухэр зылэжьыращ Тхьэр зэдаӀуэр.