3 – Мы лӀыми и адэ-анэми я лажьэкъым ар, ар нэфу къыщӀалъхуар мы лӀым къыщыщӀамкӀэ Тхьэм и Ӏуэхур нэрылъагъу ищӀын щхьэкӀэщ, – жэуап итыжащ Хьисэ.
Ар щызэхихым, Хьисэ жиӀащ: – А узыр зэрылӀыкӀын узкъым, и хьэтыр атӀэ Тхьэм и щӀыхьышхуэр къыхуэзыхьын узыфэщ. А узыфэм и хьэтыркӀэ цӀыхухэм Тхьэм и Къуэм щӀыхьышхуэ хуащӀынущ.
– Уэ фӀэщхъуныгъэ уиӀэмэ, Тхьэм и щӀыхьышхуэр зэрыплъагъунур бжесӀатэкъэ? – къыжриӀащ Хьисэ.
Нэфхэр къоплъэж, лъашэхэр тэрэзу зекӀуэ, уэшын уз зэфыкӀхэр узыншэ, дэгухэм зэхах мэхъуж, лӀахэр къотэджыж, тхьэмыщкӀэхэм хъыбарыфӀыр къалъоӀэс.
Журт пашэхэм аргуэру «ФыкъыдэмыдаӀуэмэ, фэдгъэпшыныжынущ» кӀийуэ къыжраӀэри, къаутӀыпщыжащ. Абыхэм гугъуехь щӀрагъэшэчын щхьэусыгъуэ ягъуэтакъым, а къэхъуам щхьэкӀэ цӀыху псоми Тхьэм щӀыхь хуащӀу щӀадзакӀэти.
Блэр Паул и Ӏэм кӀэрылэлу щалъагъум, хытӀыгум щыпсэухэм жаӀащ: – Мыр лӀыукӀ гуэру къыщӀэкӀынущ; сыту жыпӀэмэ хым псэууэ къыхэкӀыжами, Тхьэм и щыпкъагъэм ар псэуну хуит ищӀыркъым.
Тхьэм фӀыуэ дызэрилъагъур мыпхуэдэу къытхуигъэнэӀуащ: ГъащӀэ къыдитын щхьэкӀэ, Тхьэм езым и Къуэ закъуэр дунейм къигъэкӀуащ.
Апхуэдэу Тхьэм къытхуиӀэ фӀылъагъуныгъэр дощӀэ икӀи а фӀылъагъуныгъэм дыщогугъ. Тхьэр фӀылъагъуныгъэщ. ФӀылъагъуныгъэр зи гум илъ цӀыхур Тхьэм и псэм щыщщ, Тхьэри а цӀыхум и псэм хэлъщ.