29 Мусэ бегъымбарым Тхьэр къызэрепсэлъар дощӀэ, ауэ мы лӀыр къыздикӀар тщӀэркъым.
– Сэ щыхьэт сызытехъуэжми, си щыхьэтыгъэр ирикъунщ, – яжриӀащ Хьисэ. – Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэ сызыщыщри сыздэкӀуэри сощӀэ. Ауэ фэ сэ сызыщыщри сыздэкӀуэри фщӀэркъым.
ИтӀани нобэр къыздэсым Тхьэр дэӀэпыкъуэгъу къысхуэхъуурэ, цӀыкӀуми инми я пащхьэм щыпкъагъэм щыхьэт сыщытохъуэ. Бегъымбархэмрэ Мусэ бегъымбарымрэ къэхъун хуейуэ жыхуаӀа Ӏуэхухэм фӀэкӀа сытепсэлъыхьыркъым:
Мы псалъэхэр къыжиӀэху, Паул цӀыхухэр едэӀуащ. МакъышхуэкӀэ къызэрыгъэкӀиящ ахэр итӀанэ: – А лӀым дунейр егъэбгынэ. Псэуну хуэфащэкъым абы!
(Стефан щӀигъужащ:) – Абыхэм «Хэт уэ пашэ укъытхуэхъуну икӀи хьэкум къыттепщӀыхьыну укъэзыгъэувар?» зыжраӀэу ямыдэгъа Мусэ хъужыращ ар. А Мусэ дыдэращ абыхэм пашэ яхуэхъунуи щхьэхуит ищӀынуи Тхьэм къигъэкӀуар, пыжь банэм хэту Мусэ къыхуэлъэгъуа мелыӀычым и дэӀэпыкъуэгъукӀэ.
Арати, журтхэм нэфу щытар етӀуанэу къраджэри, жраӀащ: – Тхьэм фӀыщӀэ хуэщӀ. Мы лӀыр зэрыгуэныхьыщӀэр дэ дощӀэ.
– Мы лӀыр Тхьэм къыбгъэдэкӀакъым, – жаӀащ фарисейхэм ящыщхэм, – сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ щэбэт махуэр игъэлъапӀэркъым. – Гуэныхь зыщӀэ лӀы гуэрым мыпхуэдэ нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэр хузэфӀэкӀыну? – жаӀащ зыкъомым. Арати ахэр гуп-гуп зэрыгъэхъуащ.
Мыр зыщыщыр дощӀэ дэ. Ауэ Мэссихь къыщыкӀуэкӀэ, зыщыщыр зыми ищӀэнукъым.
Торэт хабзэр Тхьэм и унафэкӀэ къытхуэзыгъэнар Мусэ бегъымбарыр арщ, ауэ нэфӀ щыхуэныгъэмрэ щыпкъагъэмрэ къызыбгъэдэкӀар Хьисэ Мэссихьыр арщ.
Хьисэ ягъэкъуаншэу щӀадзэри, мыпхуэдэу жаӀащ: – Мы лӀым ди лъэпкъыр зэӀищӀэу, кесарым хьэкътын ахъшэр ярыримыгъэту, езым Мэссихь пащтыхь зыхужиӀэжу дубыдащ.
мыпхуэдэу жаӀащ: – Мы лӀым жиӀэгъащ: «Тхьэм мы и унэшхуэр зэхэскъутэнурэ, махуищкӀэ ар зэтезгъэувэжын слъэкӀынущ».
Фарисейхэм, ар щызэхахым, мыпхуэдэу жаӀащ: – Жин бзаджэхэм я пашэ Велзевул и къарукӀэщ жин бзаджэхэр цӀыхухэм абы зэрахихур.
сыту жыпӀэмэ гъуаплъэ куэбжэхэр Абы екъутэ, гъущӀ хьэлъкъхэр зэпеуд.
Абы папщӀэ Абы и Ӏэхэр ятришэщӀащ, губгъуэ нэщӀым щигъэкӀуэдыну псалъэ быдэкӀэ жиӀащ,
Уащыхуэгубжьым, абыхэм щӀатхъужащ, уи щыблэ макъым псынщӀэу ӀуигъэкӀыжащ;
Апхуэдэу уи фӀыгъэ, уи нэфӀ, махуэ дапщэ сэ къэзгъэщӀэнуми, сыщыщӀэнкъым, Зиусхьэным и унэм игъащӀэкӀэ сыщыпсэунщ.
Хьисэ Тхьэм и унэшхуэм щӀэту, цӀыхухэм Тхьэм и псалъэхэр яригъащӀэурэ, макъ хэӀэтыкӀакӀэ жиӀащ итӀанэ: – Сэ фэ сыфцӀыхурэ, сызыщыщри фщӀэрэ? Мыбдеж сэр-сэру сыкъэкӀуакъым, сэ сыкъэзыгъэкӀуам игу щыпкъагъэ илъщ. Ар фэ фцӀыхуркъым,
– Ар къыздикӀар зэрывмыщӀэр гъэщӀэгъуэнщ, апхуэдэу щыт пэтми, си нэхэр къигъэплъэжащ, – къажриӀащ а лӀым.
Пасэ зэманым Тхьэр бегъымбархэм я жьэкӀэ куэдрэ икӀи зэмылӀэужьыгъуэу ди адэжьхэм къепсалъэу щытащ.
Ауэ мы зэманым, мы дунейм и иужьрей дыдэ махуэхэм, Тхьэр и Къуэм и жьэкӀэ дэ къыдэпсэлъащ. Тхьэм Ӏуэху псори и Къуэм и ӀыхьэфӀ хъуну игъэуващ, абыи дунейр къригъэгъэщӀащ.