22 ЛӀым и адэ-анэм ар щӀыжаӀар журтхэм ящышынэрти, аращ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Хьисэ Мэссихьу зылъытэ дэтхэнэри синэгуэгум щӀахуну журтхэр зэгурыӀуат.
Синэгуэгухэми фыкъыщӀахунущ. Уеблэмэ фэ фызыукӀ дэтхэнэми Тхьэм абыкӀэ хуэлажьэу щигугъэну махуэр къэсынущ.
Ауэ журтхэм щышынэрти, Хьисэ теухуауэ цӀыхухэм я пащхьэм зыми зыри щыжиӀэртэкъым.
Гъуэгу махуэ фытеуващ, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм и гъуэгу фызэрырикӀуэм щхьэкӀэ цӀыхухэр фэ жагъуэгъу къыфхуэхъумэ, фызыхагъэкӀмэ, къыфхуэхъущӀэмэ, икӀи фи цӀэр ягъэпудмэ.
– Уэ гуэныхьыщӀэ зэфэзэщу укъалъхуащ, – жэуап къратащ абыхэм. – Уэ дэ дыбгъэсэжыну ара? Синэгуэгум къыщӀахужащ ар итӀанэ.
Ауэ къэрабгъэхэми, фӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэми, зызыгъэуфӀеяхэми, лӀыукӀхэми, зинэ зыщӀэхэми, удыгъэм хэтхэми, тхьэ нэпцӀ зыгъэлъапӀэхэми, пцӀыупсхэми я Ӏыхьэр мафӀэмрэ тхъуэбзащхъуэмрэ ис хыр арщ. Ар етӀуанэ лӀэныгъэрщ.
Арати, мис а Гамалиил жиӀам едэӀуащ. Апостолхэр къраджэжри, щӀопщкӀэ еуащ итӀанэ. Хьисэ и цӀэкӀэ цӀыхухэм зыри жрамыӀэну унафэ хуащӀри, яутӀыпщыжащ абы и ужькӀэ.
ЦӀыхухэр фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм яхыхьэну тегушхуэртэкъым, ауэ абыхэм пщӀэ хуащӀырт.
Петррэ Иуанрэ хасэ унэм къыщӀашэжри, Хьисэ и цӀэкӀэ зыри жамыӀэжыну икӀи цӀыхухэм ирамыгъэщӀэну быдэу жраӀащ.
А махуэ дыдэм, тхьэмахуэ зэхуакум и япэ махуэм и пщыхьэщхьэм, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр унэ гуэрым щызэӀущӀащ. Журтхэм ящышынэрти, ахэр щызэӀущӀа унэм и бжэхэр къагъэбыдэжащ. Хьисэ абыхэм я деж къакӀуэщ, жыхафэгум къытеувэри, къажриӀащ: – Фигу ирезагъэ!
Аримафей жылэм щыщу, Исуф зи цӀэ лӀы гуэр щыӀащ. Ар Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм щэхуу ящыщт. А Ӏуэхугъуэр щӀибзыщӀыр журтхэм ящышынэти, аращ. Ар Пилат деж кӀуэри, елъэӀуащ: – Хьисэ и хьэдэр жорым къыфӀэсхыжыну хуит сыщӀ, – жиӀэри. Пилат хуит щищӀым, кӀуэри, Хьисэ и хьэдэр жорым къыфӀихыжащ Исуф.
Иуан Хьисэ щыхьэт зэрытехъуар мыращ; Ерусалим щыщ журтхэм дин пашэхэри левитхэри Иуан еупщӀыну ягъэкӀуащ. – Уэ ухэт? – жаӀэу щеупщӀым,
Апхуэдэу щыт пэтми, зи нэхэр къэплъэжа лӀым и адэ-анэр кърагъашэу, абыхэм еупщӀыху, а лӀыр нэфу зэрыщытари и нэхэр къызэрыплъэжари журтхэм я фӀэщ хъуакъым.
– Ауэ иджы илъагъу зэрыхъужамрэ и нэхэр къэзыгъэплъэжамрэ тщӀэркъым. Езым феупщӀ, жэуап къывитыжыфыну и ныбжьыр ирикъуащ.
А лӀыр синэгуэгум къызэрыщӀахуар Хьисэ зэхихащ, абы щыӀущӀэм мыр жриӀащ: – Тхьэм и КъуэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ уиӀэ?