Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Иуан 9:16 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

16 – Мы лӀыр Тхьэм къыбгъэдэкӀакъым, – жаӀащ фарисейхэм ящыщхэм, – сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ щэбэт махуэр игъэлъапӀэркъым. – Гуэныхь зыщӀэ лӀы гуэрым мыпхуэдэ нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэр хузэфӀэкӀыну? – жаӀащ зыкъомым. Арати ахэр гуп-гуп зэрыгъэхъуащ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Иуан 9:16
18 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

А псалъэхэм щхьэкӀэ журтхэр гуп-гуп зэрыгъэхъуащ аргуэру.


Апхуэдэу, цӀыхухэр Хьисэ щхьэкӀэ гуп-гуп зэрыгъэхъуащ.


Абы щыӀэ цӀыху гупышхуэхэм Хьисэ теухуауэ куэд жаӀэурэ, зэӀущащэрт. Абыхэм ящыщ гуэрхэм жаӀэрт: – Ар цӀыхуфӀщ. – Хьэуэ, ар цӀыхуфӀкъым, цӀыхухэр гъуэгу захуэм трегъэкӀ, – жаӀэрт нэгъуэщӀхэми.


Хьисэ деж жэщу къакӀуэри, абы къыжриӀащ: – Равви, уэ Тхьэм къыбгъэдэкӀа дин егъэджакӀуэу узэрыщытыр дощӀэ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэр имыгъусэмэ, уэ къэбгъэлъагъуэ нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэр къигъэлъэгъуэн зыми лъэкӀынукъым.


Фарисейхэм ар щалъагъум, Хьисэ къыжраӀащ: – Еплъыт, щэбэт махуэм хабзэкӀэ пщӀэ мыхъунур уи гъуэгу ирикӀуэхэм ящӀэ.


НэгъуэщӀ зыми имылэжьа Ӏуэхушхуэхэр абыхэм я пащхьэм сэ щызмылэжьатэмэ, абыхэм гуэныхь яӀэнутэкъым. Ауэ а злэжьа Ӏуэхушхуэхэр ялъэгъуа пэтми, сэри си Адэри дыкъалъагъу мыхъу хъуащ.


Адэ лъапӀэр сэ си псэм зэрыщыщри, сэ Адэ лъапӀэм и псэм сызэрыщыщри щыжысӀэкӀэ, фи фӀэщ фщӀы. Ар мыхъуми, сэ злэжь Ӏуэхухэм щхьэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зивгъэӀэ.


Арати, журтхэм нэфу щытар етӀуанэу къраджэри, жраӀащ: – Тхьэм фӀыщӀэ хуэщӀ. Мы лӀыр зэрыгуэныхьыщӀэр дэ дощӀэ.


– Мы лӀым и пкъыр дигъэшхын зэрылъэкӀынур дауэ? – жаӀэу, журтхэм хуабжьу зэныкъуэкъуу щӀадзащ.


– Иуан щыхьэтыгъэу къысхуиӀам нэхърэ нэхъ щыхьэтыгъэшхуэ сиӀэщ. Сэ злэжьын хуей Ӏуэхуу Адэ лъапӀэм си пщэм къыдилъхьар солэжь. А Ӏуэхухэращ Адэ лъапӀэм сыкъызэригъэкӀуамкӀэ щыхьэт къыстехъуэр.


А къалэм дэс цӀыхухэр лъэныкъуитӀ зэрыгъэхъуащ. Языныкъуэхэр журтхэм, адрейхэр апостолхэм ягухьащ.


Зи Ӏэ лъэныкъуэр гъуа лӀы гуэр щӀэтт абы. Апхуэдэу щыхъум, Хьисэ зэрагъэкъуэншэн щхьэусыгъуэ гуэр къагъуэтын щхьэкӀэ, къеупщӀащ: – Сымаджэр щэбэт махуэм бгъэхъужыныр хабзэм къезэгърэ, хьэмэ къемызэгърэ?


Хьисэ сымаджэр щэбэт махуэм зэригъэхъужам щхьэкӀэ, синэгуэгу пашэр губжьри, цӀыхухэм яжриӀащ: – Щылэжэн хуей махуих яӀэщ цӀыхум. ЗэвгъэӀэзэнумэ, а махуихым фыкъакӀуэ, щэбэт махуэм фыкъэмыкӀуэ.


Хьисэ и нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэм ящыщу япэрейр аращ. А нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэр Галилей хэкум щыщ Канэ жылэм щигъэлъэгъуащ. И щӀыхьышхуэр къигъэнэхуащ апхуэдэу, и гъуэгу ирикӀуэхэми езымкӀэ фӀэщхъуныгъэу яӀэри нэхъ быдэ хъуащ.


Арати, журтхэм а лӀы хъужам жраӀащ: – Нобэ щэбэт махуэщи, уи алэрыбгъур къэпщтэж хъунукъым хабзэкӀэ.


Иджы, Мусэ бегъымбарым и Торэт хабзэм ит унафэу сунэт щӀыным теухуам фемыбэкъуэн щхьэкӀэ, цӀыхур щэбэт махуэми сунэт фщӀыну фыхуиту фобж. Апхуэдэу щыхъукӀэ, цӀыху гуэр щэбэт махуэм зэрызгъэхъужам щхьэкӀэ сыт фыкъыщӀысхуэгубжьыр?


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ