10 – Уи нэхэр дауи къэплъэжа? – къеупщӀащ ахэр.
Зыгуэрым жиӀэнкӀэ мэхъу: «ЛӀахэр дауэ къызэрытэджыжынур? Я пкъыр сытым хуэдэну?»
– Сыт уэ къыуищӀар? – еупщӀащ ахэр. – Уи нэхэр дауэ къызэригъэплъэжар?
– Ауэ иджы илъагъу зэрыхъужамрэ и нэхэр къэзыгъэплъэжамрэ тщӀэркъым. Езым феупщӀ, жэуап къывитыжыфыну и ныбжьыр ирикъуащ.
Арати, фарисейхэр а лӀым еупщӀащ: – Уи нэхэр дауэ къызэрыплъэжар? – Си нэхэм ятӀэ щихуэри, зыщыстхьэщӀыжым, слъагъу хъуащ, – жиӀащ а лӀым.
– Ар дауэ зэрыхъур? – еупщӀащ Никодим Хьисэ.
Жэщым мэжей, махуэм къоуш, жылэр къокӀ, хохъуэ, ауэ ар зэрыхъур а лӀым ищӀэркъым.
Галилей гуэлым (Тивериадэ гуэлыр арщ) Хьисэ кхъуафэжьеймкӀэ зэпрыкӀащ абы и ужькӀэ.
Аращ, – жаӀащ языныкъуэхэм. – Хьэуэ, абы ещхь къудейщ, – жаӀащ нэгъуэщӀхэми. – Сэращ, – жиӀащ езы лӀым.
– Хьисэ зи цӀэ лӀым ятӀэ зэхищӀащ, а зэхищӀар си нэхэм къыщихуэри, къызжиӀащ: «Силоам псыхъурей зыгъэпскӀыпӀэм кӀуэи, зыщытхьэщӀ». СыкӀуэри, зыщыстхьэщӀым, си нэхэр къэплъэжащ, – жиӀащ а лӀым.