Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Иуан 8:6 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

6 Ар щӀыжаӀар Хьисэ щагъауэу, ар зэрагъэкъуэншэн гуэр къагъуэтыну арат. Хьисэ зригъэзыхри, и ӀэпхъуамбэмкӀэ щӀым зыгуэр тритхэу щӀидзащ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Иуан 8:6
27 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Торэт егъэджакӀуэ пашэ гуэр къэтэджри, Хьисэ игъэунэхун щхьэкӀэ, жиӀащ: – Дин егъэджакӀуэ, мыкӀуэдыжын гъащӀэр ӀыхьэфӀу къыслъысын щхьэкӀэ, сыт сщӀэн хуейр?


Фарисей гуэрхэр къыбгъэдыхьэри, щагъэуэн мурадкӀэ Хьисэ къеупщӀащ: – ЛӀым и фызыр сыт хуэдэ щхьэусыгъуэкӀэ иригъэкӀыж хъуну?


Зиусхьэнри дывмыгъэгъэунэху, абыхэм ящыщ зыкъомым зэращӀу щытам хуэдэу. Ахэр блэхэм яукӀащ.


Фарисей гуэрхэр къыбгъэдыхьэри, щагъэуэн мурадкӀэ Хьисэ къеупщӀащ: – ЛӀым и фызыр хабзэкӀэ иригъэкӀыж хъуну?


Хьисэ деж къакӀуэри, къедауэу щӀадзащ фарисейхэм. Ягъэунэхун мурадкӀэ нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэ гуэр уафэм къахуригъэхыну щӀэлъэӀуащ ахэр.


Ауэ Хьисэ зыри жиӀакъым. – СынолъэӀу, гъащӀэр зи ӀэрыкӀ Тхьэм и цӀэкӀэ къыджеӀэ, уэра Мэссихьу Тхьэм и Къуэр? – къеупщӀащ дин пашэшхуэр Хьисэ.


Абыхэм ящыщ торэт егъэджакӀуэ пашэ гуэр Хьисэ, игъэунэхун щхьэкӀэ, къеупщӀащ:


Абыхэм я бзаджагъэм гу лъитати, Хьисэ жиӀащ: – Сыщывгъэуэну фыщӀыхэтыр сыт фэ, бзитӀщхьитӀхэ?


Фарисейхэмрэ саддукейхэмрэ Хьисэ деж къакӀуэри, ягъэунэхун мурадкӀэ, нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэ гуэр уафэм къахуригъэхыну елъэӀуащ.


АрщхьэкӀэ Хьисэ а цӀыхубзым зы псалъи жриӀакъым, зы жэуапи иритыжакъым. И гъуэгу ирикӀуэхэр къыбгъэдыхьэри, Хьисэ къыжраӀащ: – Мыр кӀийуэ ди ужь йомыгъэту, утӀыпщ.


– Мэуэ фыкъэдаӀуэ, дыгъужьхэм мэл хуэдэ фахызогъыхьэ. Аращи, блэхэм хуэдэу Ӏущу фыщыт, гъэпцӀагъэ зыхэмылъ тхьэрыкъуэхэм ещхьу фыщыт.


Аслъэн шыру Иудэр, си къуэр, щакӀуэ къокӀыж, къищэкӀуар ишхауэ. ЗригъэщӀащ абы, гъуэлъащ, аслъэныхъумрэ аслъэныбзымрэ хуэдэу: хэт къигъэушын ар?


Нэху щыщым, Тхьэм и унэшхуэм щӀыхьащ аргуэру икӀи цӀыху псори абы деж къэкӀуащ. Хьисэ тӀысри, Тхьэм и псалъэхэр яригъащӀэу щӀидзащ.


НэгъуэщӀхэри, Хьисэ ягъэунэхун щхьэкӀэ, зы нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэ гуэр уафэм къахуригъэхыну щӀэлъэӀуащ.


Ауэ Хьисэ ахэр зэрыфитӀнэр ищӀэрти, яжриӀащ: – Сыт сыщывгъэуэну фыщӀыхэтыр? Зы динар къысхуэфхьи, сывгъэлъагъу!


УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Даут и уэрэд


Хьисэ а лӀыр щэбэт махуэм игъэхъужынумэ, фарисейхэр кӀэлъыплъырт, зэрагъэкъуэншэн щхьэусыгъуэ къагъуэтын щхьэкӀэ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ