Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Иуан 8:43 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

43 ЖысӀэр сыт къыщӀывгурымыӀуэр? Сэ жысӀэр зэхэфхыфыркъыми, аращ къыщӀывгурымыӀуэр.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Иуан 8:43
18 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Сэ си Адэм и цӀэкӀэ сыкъэкӀуащ, ауэ фэ сывдэркъым; абы и цӀэкӀэ нэгъуэщӀ гуэр къакӀуэмэ, ар вдэнущ.


– Тхьэр зыхуейр зылэжьыну хуейм зэхищӀыкӀынущ цӀыхухэм сэ езгъащӀэ псалъэхэр Тхьэм къыбгъэдэкӀми сэ къызбгъэдэкӀми.


– ЦӀыху ерыщхэ! Фэ фигухэмкӀи фи тхьэкӀумэхэмкӀи Тхьэр зымыщӀэ цӀыхухэм фахуэдэщ. Фэ, фи адэжьхэм ещхьу, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм фыпэув зэпытщ.


Хьисэ и псалъэр щызэхахым, абы и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщ куэдым жаӀащ: – Мыбы жиӀэр сыту псалъэ гугъу! Хэт абы едэӀуэфынур?


Хьисэ езым и Адэм теухуауэ къазэрепсэлъар къагурыӀуакъым.


ЗэхэщӀыкӀ зиӀэ цӀыхуи щыӀэкъым, Тхьэм и гъуэгу лъыхъуэ цӀыхуи щыӀэкъым.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ мы цӀыху лъэпкъыр гулъытэншэ хъуащ. Я тхьэкӀумэхэмкӀи ерагъыу зэхах къудейщ, я нэхэри яуфӀыцӀащ. Апхуэдэу щымытамэ, я нэхэмкӀи ялъагъунт, я тхьэкӀумэхэмкӀи зэхахынт, ягухэмкӀи зэхащӀыкӀынт, си дежи къагъэзэжынти, сэ ахэр згъэхъужынт итӀанэ».


Пэж дыдэр нывжызоӀэ, лӀахэм Тхьэм и Къуэм и макъыр зэхахыу, езым едаӀуэхэми гъащӀэ щагъуэтыну махуэр къэсынущ икӀи къэсакӀэщ.


– Ибрэхьим къытехъукӀа цӀыхухэм дащыщщ дэ, игъащӀэм зэи зыми дрипщылӀакъым, – къыжраӀащ абыхэм. – «Щхьэхуит фыхъужынущ» жыхуэпӀэм сыт къибгъэкӀыр?


– Дэ ди адэр Ибрэхьимщ, – къыжраӀащ журтхэм Хьисэ. – Ибрэхьим фрибыну щытатэмэ, Ибрэхьим и Ӏуэхухэр вгъэзэщӀэнт, – яжриӀащ Хьисэ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ