Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Иуан 8:32 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

32 Абы щыгъуэ щыпкъагъэр къэфщӀэнущ, щыпкъагъэми щхьэхуит фищӀыжынущ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Иуан 8:32
42 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Хьисэ Мэссихь ди псэм щыщу Тхьэм и Псэ ЛъапӀэу гъащӀэ щыпкъэр къыдэзытым и хабзэм гуэныхьымрэ лӀэныгъэмрэ я хабзэм и тепщэныгъэм сыкъыщӀихыжри, щхьэхуит сищӀыжащ.


Аращи, Къуэ лъапӀэм щхьэхуит фищӀыжмэ, щхьэхуит щыпкъэ фыхъунущ.


Абыхэм пэжыгъэкӀэ зыкъыуатын щӀы. Уэ уи псалъэхэращ щыпхъэр.


Фи щхьэ фыхуиту фыпсэу, ауэ бзаджэ щӀэнымкӀэ щхьэхуитыныгъэр къэвмыгъэсэбэп, Тхьэм хуэлажьэ цӀыхухэм яхуэфащэу фыпсэу.


Гъуэгури, щыпкъагъэри, гъащӀэри сэращ, – жриӀащ абы Хьисэ. – Си гъуэгу иримыкӀуэмэ, Адэ лъапӀэм деж зы цӀыхуи кӀуэн лъэкӀынукъым.


Ауэ иджы Тхьэм гуэныхь щӀэным фыкъыӀэщӀихыжри, щхьэхуит фищӀыжащ, Тхьэм и пщылӀи фыхъуащ. Абы фӀыуэ къыхэкӀыр гукъабзагъэм и гъуэгум фызэрырикӀуэр арщ, къыфлъысыну ӀыхьэфӀри мыкӀуэдыжын гъащӀэр арщ.


БзаджащӀэхэм я гупыр слъагъу хъуркъым, цӀыху щӀэпхъаджэхэми гъусэ сахуэхъуркъым.


ИщӀэ псомкӀэ гъуэгу махуэ теува цӀыхур мыращ: Тхьэм и унафэм фӀыуэ хэплъэ зэпыту икӀи зэдэӀуа Ӏуэхухэр щымыгъупщэжу зыгъэзащӀэрщ. Тхьэм и унафэр щыщӀагъэншэу икӀи нэгъэсауэ щытщи, цӀыхухэм щхьэхуитыныгъэ ирет.


Аращи, Мэссихь къывита щхьэхуитыныгъэм быдэу фытет, пщылӀыгъэм и бжьыр цӀыхухэм аргуэру зытревмыгъэлъхьэж.


Аращи, Тхьэм и унафэу цӀыхухэм щхьэхуитыныгъэ езытын зылъэкӀхэм тету Тхьэм хьэкум зытрищӀыхьыну цӀыхухэм зэрахуэфащэм хуэдэу фыпсалъэ икӀи фыпсэу.


Си къуэшхэ, щхьэхуитыныгъэ фиӀэну Тхьэм фыкъыхуриджащ. Ауэ щхьэхуитыныгъэр фи гуэныхьыщӀэ щэныжьыр зыщӀэхъуэпс Ӏейр фщӀэнымкӀэ лъабжьэ иремыхъу. Зыр зым фӀылъагъуныгъэкӀэ ӀуэхутхьэбзащӀэ хурехъу.


– Тхьэр зыхуейр зылэжьыну хуейм зэхищӀыкӀынущ цӀыхухэм сэ езгъащӀэ псалъэхэр Тхьэм къыбгъэдэкӀми сэ къызбгъэдэкӀми.


Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэу фи гум кърилъхьам фигъэпщылӀу икӀи фигъэшынэу щыткъым. Ауэ Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэу фи гум кърилъхьам Тхьэм и бын хуэдэу фелъытэ. Езым и Псэ ЛъапӀэм, «Аббэ, Адэ лъапӀэ», жытӀэу, Тхьэм дрегъаджэ.


Тхьэм и Псэ ЛъапӀэу цӀыхухэм щыпкъагъэр езыгъащӀэр къыщыкӀуэкӀэ, щыпкъагъэ псори зэхывигъэщӀыкӀынущ. Езыр-езыру зыри жиӀэнукъым, Тхьэм жиӀэу зэхихыращ жиӀэнур, къэхъункъэщӀэнухэри къыфхуиӀуэтэнущ.


А цӀыхубзхэм Ӏуэхухэр сыт щыгъуи зрагъащӀэми, щыпкъагъэр къащӀэн ялъэкӀыркъым.


Бегъымбархэм мыпхуэдэу ятхащ: «Тхьэм абыхэм псоми щыпкъагъэр яригъэщӀэнущ». Адэ лъапӀэм жиӀэм едаӀуэу, ахэр зэзыгъащӀэ дэтхэнэри си деж къэкӀуэнущ.


Си бжьыр зытефлъхьэ, жысӀэр зэвгъащӀэ, сэ сигур щабэщ икӀи пагагъэ схэлъкъыми. ПсэмкӀэ гузэгъэгъуэ вгъуэтынущ итӀанэ;


А Псалъэр цӀыху хъуащ, икӀи къытхэтащ. Абы и щӀыхьышхуэри тлъэгъуащ. Ар Адэ лъапӀэм и Къуэ закъуэм и щӀыхьышхуэр арщ. НэфӀ щыхуэныгъэрэ щыпкъагъэрэ абы игу илъу щытащ.


Торэт хабзэр Тхьэм и унафэкӀэ къытхуэзыгъэнар Мусэ бегъымбарыр арщ, ауэ нэфӀ щыхуэныгъэмрэ щыпкъагъэмрэ къызыбгъэдэкӀар Хьисэ Мэссихьыр арщ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Зиусхьэным къыщриджэм пщылӀу щытар щхьэхуит хъуащ, Зиусхьэныр абы и псэм щыщ зэрыхъуам щхьэкӀэ. Апхуэдабзэуи Зиусхьэным къыщриджэм щхьэхуиту щытар Мэссихь хуэлажьэхэм ящыщ хъуащ.


Сэ члисэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм сащыщщ, Тхьэм и нэфӀ зыщыхуа уэ гуащэ лъапӀэм, пэжыгъэкӀэ фӀыуэ слъагъу уи бынхэм мы тхылъыр ныфхузотх. Фэ фӀыуэ фызылъагъур сэ си закъуэкъым, щыпкъагъэр зэзыгъэщӀа псоми фӀыуэ фалъагъу.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ