27 Хьисэ езым и Адэм теухуауэ къазэрепсэлъар къагурыӀуакъым.
Тхьэм и бынхэр абы и псалъэхэм йодаӀуэ, фэ Тхьэм и псалъэхэм фыщӀемыдаӀуэр Тхьэм фрибынкъыми, арщ.
ЖысӀэр сыт къыщӀывгурымыӀуэр? Сэ жысӀэр зэхэфхыфыркъыми, аращ къыщӀывгурымыӀуэр.
– Фэ фтеухуауэ сэ жысӀэн икӀи фызэрызгъэкъуэншэн куэд сиӀэщ, ауэ сэ сыкъэзыгъэкӀуар щыпкъэщ, абы жиӀэу зэхэсхар дунейм и цӀыхухэм яжызоӀэ.
Арати, Хьисэ абыхэм яжриӀащ: – ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр щыфӀэткӀэ, сэ хэт сыщыщми, сэр-сэру зыри зэрызмыгъэзащӀэри, си Адэм сигъащӀэ псалъэхэр къызэрыжысӀэри къэфщӀэнущ.