26 – Фэ фтеухуауэ сэ жысӀэн икӀи фызэрызгъэкъуэншэн куэд сиӀэщ, ауэ сэ сыкъэзыгъэкӀуар щыпкъэщ, абы жиӀэу зэхэсхар дунейм и цӀыхухэм яжызоӀэ.
Сэ фэ ӀуэхутхьэбзащӀэкӀэ сынывэджэжыркъым, ӀуэхутхьэбзащӀэм езым и тепщэм игу илъыр ищӀэркъыми. Сэ фэ си ныбжьэгъукӀэ сынывэджащ, си Адэм жиӀэу зэхэсха псори вжесӀэжащи.
– Ауэ сывукӀыну си ужь фитщ иджы. Тхьэм жиӀэу зэхэсха щыпкъагъэр нывжесӀа пэтрэ, сывукӀыну си ужь фитщ. Ибрэхьим апхуэдэ ищӀэртэкъым.
сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ уэ си ӀэмыщӀэ къиплъхьа псалъэхэр сэ абыхэм я ӀэмыщӀэ ислъхьэжащ. Абыхэми а псалъэхэр ящтащ. Сэ уэ сызэрыпщыщыр зэрыщыпкъэр зэрагъэщӀащ, уэ сыкъызэрыбгъэкӀуамкӀи фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ.
Хьисэ Тхьэм и унэшхуэм щӀэту, цӀыхухэм Тхьэм и псалъэхэр яригъащӀэурэ, макъ хэӀэтыкӀакӀэ жиӀащ итӀанэ: – Сэ фэ сыфцӀыхурэ, сызыщыщри фщӀэрэ? Мыбдеж сэр-сэру сыкъэкӀуакъым, сэ сыкъэзыгъэкӀуам игу щыпкъагъэ илъщ. Ар фэ фцӀыхуркъым,
Псалъэу нывжетӀар зэм арауэ, зэм армырауэ зэрыщымытыр Тхьэм и щыпкъагъэмкӀэ къыжызоӀэ.
– Иджыри куэд щыӀэщ вжесӀэн хуейуэ, ауэ а псор фэ фигу зэуэ ивубыдэфынукъым.
– Сэ цӀыхухэм езгъащӀэ псалъэхэр къызыбгъэдэкӀыр сэракъым, атӀэ сэ сыкъэзыгъэкӀуаращ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.
– Пэж дыдэр ныбжызоӀэ, дэ тщӀэращ дызытепсэлъыхьыр, тлъэгъуаращ щыхьэт дызытехъуэри, ауэ щыхъукӀи ди щыхьэтыгъэр фэ вдэркъым.
– Хэт ущыщ атӀэ уэ? – къеупщӀащ ахэр. – Япэм щыщӀэдзауэ сэ хэт сыщыщми зэрывжесӀам сыхуэдэщ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.
Хьисэ езым и Адэм теухуауэ къазэрепсэлъар къагурыӀуакъым.
– СымыбзыщӀӀауэ, дунейм и цӀыхухэм сахэтащ сэ, сахэпсэлъыхьу, – жэуап иритыжащ Хьисэ. – Синэгуэгуми Тхьэм и унэшхуэми, журт псори щызэӀущӀэм, цӀыхухэм Тхьэм и псалъэхэр щезгъащӀэу щытащ дапщэщи. Щэхуу зыри жысӀакъым.